Дудакъ
Дудакъ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру теплъэхэр
Лъэпкъ: Дудакъ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Дудакъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Дудакъ
Латин цӀэр
Otis tarda Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176419
NCBI 73107

Дудакъ (лат-бз. Otis tarda) — и цӀэджэгъу лъэпкъым и нэхъ пӀащэщ.

Otis tarda

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Теплъэр икъукӀэ дахэщ. Хъухэм я жьэгъу лъэныкъуитӀымкӀи цы щабэ хужь кӀыхьхэр ирекӀуэкӀыу тетщ, къагъэтэджмэ пщампӀэм ещхь хъууэ, тхыцӀэр, хулъащхьэр — гъуабжэ-гъуэжьу зэхэлъ кусэщ, лъакъуэхэр лъэщщ, кӀэбдз щӀагъыр пцӀанэщ. ЕплӀанэ-щӀыб лъэпхъуамбэр иӀэкъым.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Африкэм, Азиэм, Еуропэм я губгъуэхэм, бгы тафэ хуитхэм. ЩӀылъэрыгъуалъхьэщ. Урысейм и лъэныкъуэ бжыгъэхэм щогъуалъхьэ: Индылрэ Тэнрэ я лъэныкъуэхэм, Хы Каспий Ӏуфэм, Сыбырым къинэмыщӀауэ, Кърымым, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Дудакъым фӀыуэ елъагъу лэжьыгъэ здамыщӀ тафэхэр, бжьыхьэсэ губгъуэ, гъавэ щӀапӀэ, мэкъупӀэхэр. Къумхэмрэ удз кӀырхэмрэ запыӀуадз.

Къауъказым дудакъхэр щыплъагъур щӀымахуэращ. ЩӀыӀэ зэрыхъуу ахэр гупхэурэ къолъатэ. Нэхъыбэуи уахуозэ псынэ мыщтхэм я гъунэгъуу, мэз лъапэхэм, бгы лъапэхэу уэсыр нэхъ псынщӀэу здэткӀум. КӀэпкъ дагъэ зэримыӀэм къыхэкӀыу щӀыӀэм щошынэ — щӀэх мэпӀыщӀэ, и щыр псыф мэхъуи. Апщыгъуэм лъэтэфкъым. Мис ар къагъэсэбэпурэ дудакъхэм исраф халъхьа Къаукъазм дежи, нэгъуэщӀ щӀыпэхэми. И бжыгъэмкӀэ кӀуэдынхэм нэса къуалъэбзу лӀэужьыгъуэхэм ящыщщ.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусым хохьэ удз тхьэпэ, къудамэ къыдэжагъакӀэ, удз жылэ, цӀыв, мацӀэ, н. къ.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.