Дыгъургъуу
Дыгъургъуу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: КӀукӀумяу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: КӀукӀумяу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Дыгъургъуухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Дыгъургъуу
Латин цӀэр
Strix aluco Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177920
NCBI 111821

Дыгъургъуу (лат-бз. Strix aluco) — кӀукӀумяу лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

 
Strix aluco, juv
 
Strix aluco sylvatica

И пкъым и кӀыхьагъыр см. 45-м носыр. Анэр нэхъ пӀащэщ, хъуми анэми я теплъэр зыщ: фӀыцӀафэ къащӀэуэу гъуэ-гъуабжэщ, нэхэр гъуэжьыфэщ, лъэпхъуамбэхэр фӀыцӀэщ.

Зэрыпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Дыгъургъуухэм я гъащӀэр жыгым, мэзым епхащ, бгылъэ, къурш лъапэхэм, жыг хадэхэм уащыхуэзэныщ. И бжыгъэкӀэ курытщ. Щопсэу Еуропэ псом, Ищхъэрэ Африкэм, Хъутейм, Индиэм, Азиэ Курытым. Урысейм и къухьэпӀэ лъэныкъуэ псоум къыщыщӀэдзауэ Сыбырыкум нэс, Къаукъазым мылъэтэжу щопсэу. Абгъуэр щещӀ жыг гъуанэхэм.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыр нэхъыщхьэу дзыгъуэхэкӀ, къуалэбзу, хьэндыркъуакъуэ, гъудэбадзэ пӀащэ, блэ цӀыкӀу лӀэужьыгъуэхэрщ. ЩэкӀуэн яублэ пшапэр зэрызэхэуэу.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.