Ежьыгу — заху щыт щӀыпӀэщ, удз къэкӀыгъэкӀэ зэщӀэкӀауэ и нэхъыбэм, псыӀэ, псыхъуэ Ӏуфэхэм нэхъ жыг къэкӀхэр имыӀэу. Куэдым ӀэрыщӀу, жыг кусэхэр ирикӀуэу уащыхуозэщ.

Дунейпсом тет ежьыгухэр. Ежьыгу дыдэхэр гъуэжьу къыхэгъэщащ

Адыгэбзэм зэгъэзэхуэжын

Адыгэбзэм ежьыгум цӀэ бжыгъэ зэрехьэщ, нэхъ гъэунэхуауэ абыхэм ящыщхэр: тафэ, губгъуэжь, губгъуэ. Абым хуэдэу Адыгэ Хэкум хиубыдэу щытахэр е и гъунэгъуа ежьыгухэм цӀэ зэрахьэ: Басэ губгъуэ, МыутӀэ губгъуэ, Къарс губгъуэ нэмыщӀхэр.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

КъэкӀыгъэ итым, уэм елъытауэ ежьыгур тхууэ зэщхьащагъэкӀыр:

  • къущхьэ ежьыгу (криоксерофилу щытхэр)
  • мэкъупӀэ ежьыгу (мезоксерофилу щытхэр)
  • ежьыгу дыдэ (ксерофилу щытхэр)
  • гъущэ ежьыгу (галоксерофилу щытхэр)
  • уэгъу ежьыгу (суперксерофилу щытхэр)