Шаблон:IMDb еплъын

Интерстеллэр
Interstellar
Жанр

щӀэнгъуазэ фантастикэ
зекӀуагъэ филм
драмэ

Режиссор

Кристофер Нолан

Продусер

Кристофер Нолан,
Эммэ Томас,
Линдэ Обст

Зыхэзылъхьар

Джонэтэн Нолан,
Кристофер Нолан,
Кип Торн

Оператор

Хьойте Ван Хьойтемэ

Композитор

Хьанс Циммер

Нэхъыщхьэу хэтхэр

Меттиу МакКоннаухи,
Энн Хьетеуей,
Джессикэ Честейн,
Майкл Кейн,
Кейси Аффлек,
Уес Бентли

Кинокомпаниэ

Paramount Pictures,
Warner Bros.,
Legendary Pictures,
Syncopy Films,
Lynda Obst Productions

ЗэрекӀуэкӀыр

169 дакъикъэкӀэ

ТрагъэкӀуэдар

165 000 000 доллару

Къэрал

АШЗ и нып АШЗ,
Британиэшхуэ и нып Британиэшхуэ

Бзэ

инджылыбзэ

Гъэ

2014

IMDb

ID 0816692

Интерстеллэр (ин-бз. Interstellar«Вагъуэ зэхуаку») — режиссор Кристофер Нолан триха щӀэнгъуазэу фантастикэ филм, Джонэтэн Ноланрэ Кип Торнрэ зэхэлъхьа тхыдэм къыхэкӀыу. Кинор топсэлъыхь хьэршым лъэта лъыхъуакӀуэ гупым, зэман-утыку зекӀуапӀэ къагъуэтахэмкӀэ цӀыхум хьэршым хузэфӀэмыкӀын зэхуакушхуэхэр абыкӀэ къракӀухьыну хуежахэм. Кином и тхыдэр зэхэзылъхьар Крстофер Нолан и къуэш Джонэтэн Ноланщ, абы тхыгъэ зэхилъхьар къызэтехъукӀар Кип Торн и щӀэнгъуазэ лэжьыгъэ физикэ теориэхэращ.[1]

Кино техын Ӏуэхухэр япэ щӀыкӀэ студиэ Paramount Pictures-рат щӀэздзар, ауэ зэкъуэш Ноланхэм кином елэжьын щӀадза иуж, абыхэм я кинохэр къыдэзыгъэкӀ хабзэу щыт Warner Bros. кином ахэм ягъусэу елэжьын щӀидзащ. Езы кинор тезыхар Syncopy и Lynda Obst Productions компаниэхэращ. Оператор папщӀэу кином елэжьащ Хьойте Ван Хьойтемэ. Комрозитору уващ Кристофер Нолан и еуж кинохэм елэжьа Хьанс Циммер.

Кинор трахащ 2013 гъэм и етӀуанэ Ӏыхьэм, Алберт провинциэм (Канадэ), Лос-Анджелес (АШЗ), Ислэнд и ипшэ щӀыпӀэхэм.

Жэпуэгъуэм и 27-м кином и япэ гъэлъагъуэхэр щӀадзащ, дунейм и къалэ нэхъ ин хахахэм. ЩакӀуэуэгъуэм и 5, кином дунейпсо гъэлъэгъуэныр щӀидзащ.

Зэтеухуар зэгъэзэхуэжын

Ди лъахъэнэм икухэм къэхъуа гъушапӀэшхуэм, цӀыхухэр шхынкӀуэд кризис бжэӀупэм деж Ӏуигъувахэщ. ЦӀыхухэм а гъей къэкӀуам къыхэкӀыу, дунейм текӀуэдыкӀыжын щӀадзэ. Абы къэхэкӀыу, хьэршым ди щӀылъэм пэмыжыжэу Ӏэзэхэм къыщагъуэта зэман-утэку зекӀуэпӀэр къагъэсэбэпу, цӀыхухэм гугъэ ящӀ абы илъэтыкӀыу нэгъуэщӀ дуней ущыпсэу хъун къыщагъуэту Ӏэпхъуэнухэу. Дуней ущыпсэу хъунхэр къалъыхъуэну хьэршым ягъэлъатэхэр астронавт гуп.

Нэхъыщхьэу хэтхэр зэгъэзэхуэжын

 
Кристофер Нолан
  • Меттиу МакКоннаухи — Купер
  • Энн Хьетеуей — Амелиэ Бранд
  • Джессикэ Честейн — Мёрф
    • Маккензи Фой — Мёрф (сабийуэ)
    • Эллен Бёрстин — Мёрф (жьыуэ)
  • Кейси Аффлек — Том
    • Тимоти Чаламет — Том (сабийуэ)
    • Уиллиам Дивайн — Том (жьыуэ)
  • Майкл Кейн — профессор Бранд
  • Уес Бентли — Дойл
  • Дэвид Гиаси — Роммили
  • Джон Литгоу — Доналд
  • Тофер Грейс — Гетти
  • Дэвид Ойелоуэ — директэр
  • Элиес Габел —
  • Коллет Вулф — мисс Келли
  • Леа Кейрнс — Лоис
  • Ленэ Георгас — Ниурз
  • Билл Ирвинс — ТАРС (макъкӀэ)
  • Джош Стиуарт — КЕЙС (макъкӀэ)

Зэрелэжьар зэгъэзэхуэжын

 
Ислэндым кинор щытраха зы щӀыпӀэ

Кином елэжьын щӀадзащ 2006 гъэм и бадзэуэгъуэм, студиэ Paramount Pictures-рэ Стивен Спилебргрэ, Кип Торн и теориэхэм теухуауэ кино трахыну щыжаӀам щыгъуэ.

2007 гъэм и гъатэпэ мазэм, Джонэтэн Нолэн кином и тхыдэр зэхилъхьэн щӀидзащ, ауэ кинор илъэс куэдкӀэ зэхалъхьэн пӀэм икӀакъым, Стивен Спилберг кинор трихыну зэрыхущӀегъуэжам щхьа.

2013 гъэм и пэщӀэдзапӀэм Кристофер Нолан епсэлъэн щӀидзащ Paramount Pictures Warner Bros. студиэхэм кином и режиссору зэрагъэувыным теухуауэ. МазитӀ дэкӀа иуж ар кином и режиссору ягъуващ.

Езы кинор трахын щӀадзащ 2013 гъэм шыщхьэӀум и 6-м, Канадэм и Албертэ провинциэм. Абы иуж кинор трахын пащащ Ислэндым и ипшэ-къухьэпӀэ щӀыпӀэхэм. ИтӀанэ Лос-Анджелес кинор трахын щаухащ 2013 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм.

Дыгъагъазэм и 14-м кином и япэ тизер къыдэкӀащ, кинор зэтеухуауэ щытынур къыхигъэщу.

Жэпуэгъуэм и япэ махуэм кином и ещанэу еуж трейлерыр къыдагъэкӀащ. Абы иуж кинор къызэрыдагъэкӀынум и Ӏуэхухэр зэрахуэн щӀадзащ.

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын