Къиякъ
Къиякъ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: Бзухэ
ХэкӀ къуэдзэ: Neognathae
ХэкӀыгъуэ: Falconiformes
Лъэпкъ: Къуаргъэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Бгъыхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Къиякъ
Латин цӀэр
Aquila heliaca Savigny, 1809
И щӀыпӀэр
сурэт
УдзыфэкӀэ къыхэгъэкӀар-бгъуэ здашъхэм,
шхъуантӀэр-шӀымахуэм здэкуэчхэр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Къиякъ (лат-бз.: Aquila heliaca, ур-бз.: Орёл-могильник) — псэушъхьа, шъакӀуэ-бзуинхэм ящыщ, бгъэхэм я унагъуэм хэт. Бгъуэхэр здишъ лэныкъуэхэр Еуразиэм игубгъуэхэмрэ мэзкъуийхэмрэ. ЗэшъакӀуэхэр псэушъхьа мы инхэм: жумэрэнхэм, губгъуэ дзыгъуэхэм, тхьакӀумэкӀыхьхэм, бзу мы инхэм.

Аплъэпкъыр зэгъэзэхуэжын

Бзу-шъакӀуэ ину щыт, дамэ бгъуэ-кӀыхьхэр иӀу, кӀапэри иныфӀу, занкӀыу щыту. ИкӀыхьагъыр см. 72 - 84 мэхъу, дамэ зэгуэхахэм ябгъуагъыр см. 180 - 215 мэхъухэ, ихьалъагъыр кг. 2, 4 - 4, 5 хуэдиз мэхъур.

Бзу зэфӀэувахэм я дамэцкӀыхь япэрехэр ишъхьамкӀэ фӀыцӀу щытхэ, икӀагъымкӀэ гъуабджэ-фӀыцӀафу, псыфу хэпхъауэ, яуж иту кӀуэхэр гъуабджэ-фӀыцӀафу щытхэ яшъхьэмкӀэ, икӀагъымкӀэ гъуабджэ-псыфу, япэрейхэми хуэду уэгу, абыхэм ишъхьамкӀэ къателъ цыхэр нэхъ кӀынфӀу щытхэ, гъуабджэ-фӀыцӀу. КӀапэм цыхэм яфэр фӀыцӀэ-псыфу зэхэлъу щыт. Къиякъым ифэр зэфӀэува щыхъур илъэс 6 - 7 щырикъум идежь. Илъэс ирикъуа чырхэм яфэр пшахъуафэ-нэху щыт, уэгу, дамэц-кӀыхьхэр гъуабджу, илъэс къэс я фэр нэхъ кӀынфӀ хъуурэ.

Нэм ихъуреягъыр гъуабджэ иэ гъуэжьу щыт, пэр гъуабджэ-шхъуантӀафэ игупэмкӀэ икӀэм идежькӀэ фӀыцӀэ хъууэ. Илъакъуэхэр гъуэжьу щыт, лъэбжъанэхэр фӀыцӀэ-шхъуантӀафу. ЩылъатэкӀэ дамэгъунэцхэр ахъуамбэ зэкӀэкӀэхахэм хуэду щыт, жьым хому, шъабу йорс щылъатэкӀэ.

Здэпсохэр зэгъэзэхуэжын

Гъуэ здишъэхэр пшахъуалъэхэм, губгъуэхэм, мэзкъуихэм, Еуразиэм ипшъэ лъэныкъуэм мэзгъунэ ирикӀуэхэм Аустриэ, Словакым, Сербиэм къыщыкӀэдзауэ къуэкӀыпӀэм Баргузин къуэм, Витим джабэхэм, Онон псыхъуэм нэс. Еуропэ псом ису къалъытэр минитӀ хуэдиз, абы иныкъуэм инэхъыбэр Урысейм.

Здэпсо лъэныкъуэм елъытауэ куэчыуи мэхъухэ. Бзу зэфӀэува-нэхъыжъхэр Курыт Еуропэм исхэр, Балкан хы тӀыгуныкъуэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Къаукъазым гъэпсом япӀэм исхэ, нэхъ кӀалэхэр шӀымахуэм ипшъэмкӀэ мэкуэчхэ. КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыпсохэм яныкъуэри апхуэду ныкъуэ-куэчу щытхэ.

Зэрзэпыхьахэр зэгъэзэхуэжын

Къиякъыр бзу-зэфӀэува щыхъур илъэс 5 - 6 щырикъум идежь, шъхьгъусэ къыгъуэта яужкӀэ гъашъэ псом зэдэкӀыгъурэ щытхэ. Зэпылъын щыкӀадзэр гъатхэпэм идей, а зэманым макъ куэд къаӀукӀыу къыщалъэтыхьым. Къиякъ хъухэм куэду щылъатэхэм, жьым щерсхэм зкъырадзых я дамэхэр ныкъуэ-гъэчу апхуэдэ къэрабзууи долъэтеижьхэ здэщэӀа лъэгагъым. Апхуэдэ "джэгур" бгъыгъэрэ зэкӀэлъыпыту яшъыфыну.

Абгъуэ здашъ пӀэм илъэс бжъыгъэкӀэ трагъэзэжь зэрамыхъуэкӀыу. Инэхъыбэм жыгпкӀашъхьахэм трашъыхьу м. 10 - 25 я лъэгагъу. Жыг щымыӀамэ пабжъэ лъахъчэм иэ бгъуэным идежь абгъуэр яшъыфыну.

ДжэдыкӀыу абгъуэм ирилъэхьар 1 -3 (нэхъыбэм 2), махуэ зытӀущ язэхуаку дэлъу ирелъхьа, гъатхэпэм. ДжэдыкӀэм яфэр пхъашу щыт, уэгу. Япэрей джэдыкӀэр зэригъэтӀылъу тесын кӀедзэ, зэртесыр махуэ 43 хуэдиз. Хъури бзыри зэрахъуэкӀыу тесхэ ауэ инэхъыбэм бзы ра. Къырича яуж япэрей тхьамахуэм бзыр абгъуэм икӀкъым, чырхэр игъэхуабу, апкӀэнтӀэху хъур яхуэшъакӀурэ. ТхьамахуитӀ щырикъухэм идежь, чырхэм цы къатекӀэн кӀадзэ, махуэ 35 - 40 текӀауэ шъхьамрэ пшъэмрэ цыншу щытхэр, махуэ 65 - 77 текӀауэ чырхэм лъэтэн кӀадзэ.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын