Кърухугу
Кърухугу
КъэкӀыгъэ гъагъэм и сурэт
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: КъэщӀакъым
Лъэпкъ: Boragináceae
Лъэпкъыгъуэ: Кърухугу
Латин цӀэр
Myosotis L. (1753)


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 31687
NCBI 192333

Кърухугу (лат-бз.: Myosotis, ур-бз.: Незабудка) — удз-къэкӀыгъэ.

ЗэрзэфӀэтыр зэгъэзэхуэжын

Кърухугур илъэскӀэ иэ илъэсбжыгъэкӀэ къкӀ мы индыдэ удз, бацу зэкӀэкӀыу.

ПӀыхэм къудамэ бжыгъэхэр ятету, лъэгагъыр см 10-40 хуэдиз мэхъухэ.

Тхьампэхэр зэрызу зэкӀэлъыпыту къытокӀэ, псыгъуэ кӀыхьху, пхъашэху.

Гъагъэхэр нэхъыбэм шхъуантӀу щытхэ, кугъуэр гъуэжьу, зэзэмызэкӀэ хужьу иэ плъыжьыху мэгъагъэ; гъагъэхэм тхьампэ тхурытху ятет, якӀэхэр мы памцӀу, хъуреуэ щыту; гуп-зытӀущхурэ гъэчхэм къытокӀэхэ. Гъэгъэн щыкӀидзэр накъыгъэм мэкъуауэгъуэкум нэгъунэ

Джылалъэр хъуреуэ, цӀанлъу щыт. Езы джылэхэр илъэс 2-3 щолыфхэ, къэкӀыным ежэу.

КъыздэкӀхэр зэгъэзэхуэжын

Кърухугухэр Еуропэм, Азиэм, Америкэм, Ипшъэ Африкэм, Аустралиэм, Зелэнд КӀэм къыщокӀхэр.

Нэхъыбэм губгъуэхэм, къуэхэм къыщокӀхэ, шӀым фӀыуэ псыр здызкӀифым. ПэмыкӀхэр псыхъурей Ӏуфэхэм, псыпцӀэ Ӏуфэхэм, псыхъуэхэм къыщокӀхэр.

Лъэпкъхэр зэгъэзэхуэжын

Лъэпкъу хъуар 50 носыр.

Абыхэм ящыщ гуэрэхэр:

  • Myosotis alpestris - Къушъхьа кърухугу
  • Myosotis arvensis - Губгъуэ кърухугу
  • Myosotis australis - Аустралиэ кърухугу
  • Myosotis czekanowskii - Чеканов кърухугу
  • Myosotis laxa - Пхъашэ кърухугу
  • Myosotis scorpioides - ПсыпцӀэ кърухугу
  • Myosotis stricta - Гъагъэжгъей кърухугуНячЯ
  • Myosotis sylvatica - Мэз кърухугу

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын