Псыжъ (абаз.: Къвбин, ал-бз.: Гипанис, къэр.-бэлъ-бз.: Къобан, урбз. Кубань) — псыхъуэ Урысейм, Къэукъаз Ишъхъэрэм идежь.

Псыжъ
Сурэт
Псыжъ

Кординатхэр: 45°20′21″ с. ш. 37°24′11″ в. д. / 45.339167° с. ш. 37.403056° в. д. (G)

КӀыхьагъыр: 870 км
Псыхъуэм и инагъыр: 57 900 км²
Хэкур: Урысей
ГВР: 06020000112108000001090
ЩӀыпӀэтхыпхъэ
Псыжъ Уикисурэтылъэм

ИцӀэр зэгъэзэхуэжын

Псыжъ (Къвбин, Кубань, Къобан, Губан) 300 ящищ зыцӀэ, псым зэрихьам. Къэрал здежэххэр: Къэрэшей-Шэрджэс, Ставропол къэралым, Адыгейм, Краснодар къэралым. Хы мыутӀэм здыхэхьам идежь хы тӀыгу ин ешъыр зэгуэкӀыу 4300 км² хуэдизу.

Хэкумэтх зэгъэзэхуэжын

Ӏуашъхьэ Махуэ илъэгум ежэхын кӀедзэ Псыжъ. ИкӀыхьагъыр 906 км. мэхъу. Усть-Лабинск къалэм къыщыкӀэдзауэ псыхъуэм кхъухьхэр ирокӀуэ.

ИсэмырабгъумкӀэ хэлъадэ псыхэр:

Абыхэми нэхъ псы цӀыкӀу хэлъэдэхэми ядэкӀыгъу. ИжьэгъурабгъумкӀэ хэлъадэ псыхэр:

14 000 мэхъу псори зэхэту Псыжъ псыуэ хэлъадэр. ИлъэсишъэкӀэ Псыжъ зэркӀэлъыплъам, илъэсым псыуэ иригъэжэхыр, уэшхэпсымрэ уэсэпсымрэ къыхэкӀыр (65 %), къушъхьа мылхэм къахэкӀыр (20 %), псынэпсхэм къахэкӀыр (15 %) 13,5 км³ хуэдиз мэхъур.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

Илъэс мин бжыгъэкӀэ узэӀабэкӀыжьмэ Псыжъ хым здыхэлъадэм идежь Хы МыутӀэ хыжъэ ин иӀа, Тэман хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ Приморскэ-Ахтарск нэсу Краснодар нэгъунэ хыхьау. Хом-хомурэ псыхъуэми хыми шӀыр зэрахъуэкӀыу, шӀыгу трихьу кӀидзэри хыжъэр хым хигъэкӀри хы тӀыгу хъуа.

Псэушъхьа зэгъэзэхуэжын

Псыжъ бжъэжъей бжыгъэ хэс 106 лъэпӀкъу. Абы пӀэмыкӀыу зоопланктону 400 лъэпӀкъ хуэдиз. Псыжъ, псым Ӏус бзухэм ящыщ бжъыгъи 100 лъэпӀкъ хуэдиз, абы пэмыкӀыу: бажьэ, мэз джэду, кхъуэ джоуэ ипсыӀуфэхэм щопсоу.