ПцӀащхъуэ
ПцӀащхъуэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Hirundo rustica Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здэгъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
ПцӀащхъуэ (лат-бз. Hirundo rustica) — пцӀащхъуэ лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр зэгъэзэхуэжын
Пкъы псыгъуэ кӀэ дыкъуакъуэ кӀыхьщ, дамэ папцӀэ псыгъуэщ, пэ кӀэщӀ жьабгъуэщ, лъакъуэ кӀэщӀ къару мащӀэщ. НатӀэмрэ жьэгъумрэ плъыжь-улъиягъафэщ. ТхыцӀэр фӀыцӀэ жырыфэщ, морафэ и пщэм къырекӀуэкӀыу къыщӀэуэу. Ныбэ щӀагъыр хужьщ.
Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын
Къаукъазым щыкуэдщ, мэлъэтэж. Абгъуэ кӀэрещӀыхь унэ блынхэм, нэгъуэщӀ лъэгапӀэхэм. Гъэм тӀо къыреш.
Ӏусыр зэгъэзэхуэжын
Ӏусыр фӀыуэ лъэтэф гъудэбадзэщ.
Адыгэ ӀуэрыӀуатэм зэгъэзэхуэжын
ПцӀащхъуэр, унэбзум хуэдэу, ижь-ижьыж лъэандэрэ цӀыхум и гъуэнэгъуу мэпсэу, и абгъуэр псэуалъэхэмзэрыщищӀынум хущӀэкъуу, и бзэрабзэр нэгъуэщӀ бзум ейм хэгъэгъуэщэгъуейщ.
Абы ди ӀуэрыӀуатэм хуэфащэ увыпӀэ щиӀыгъщ и фӀэщыгъэм щӀагъыбзэ мыхьэнэ хэха иӀэу. Ар къуажэ гъащӀэм, псынщӀагъэм я дэмыгъэщ, унэбзум, бжэндэхъум яхуэдэу, гъатхэр къезыгъэблагъэхэм ящыщщ, хъыбарыфӀзехьэщ. Лъэтеувэ уэрэдхэм[1] ящыщ зым япэ лъэбакъуэхэр зыч щӀалэ цӀыкӀур къыхуреджэ:
« | Мимэр иухыу пцӀащхъуэ лъэтэну | » |
, фызышэ уэрэдым[2] деж щӀалэу къэзышэр
« | Уэредадэ, уэгу пцӀащхъуэщ, уэредадэ, пцӀащхъуэм дохуарзэ. | » |
Адыгэхэр пцӀащхъуэм зэран хуэхъукъым, абгъуэр я пэш блыным кӀэрищӀыхьми, зэрагъэзэгъ. Абы ини цӀыкӀуи щытыкӀэ хуаӀэр псом хуэмыдэу щынэрылъагъущ фӀылъагъуныгъэ хэлъу хузэхалъхьэ къуажэхьхэм:
- «Барабатинэ, бэрэтинащхьэ, данагъуэ Ӏупэ, кӀэ дыкъуакъуэ»
- «ХьэпкӀэрапкӀэу гуэщым щӀэпкӀэ»
- «Зи кӀэр дыкъуакъуэ бгыкъур зи унапӀэ»
Псалъэжьым щыщхэм къеӀуоху:
- «Ахъшэр пшахъуэщи, гъащӀэр пцӀащхъуэщ»
Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын
Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |