Ислъам махуэгъэпс

  1. Мухьэррам*
  2. Сэфар
  3. Рабий Ӏул-аууал
  4. Рабий Ӏус-сани
  5. Джумадэ Ӏул-Ӏула
  6. Джумадэ Ӏус-сани
  7. Рэджаб*
  8. ШэӀэбан
  9. Рэмэдан
  10. Шэууал
  11. Зул-къэда*
  12. Зул-хьэжрэт*



 * пэубыда мазэ

Пэубыда мазэхэр (хьэр-бз. شهر حرام) — ислъам махуэгъэпсым и мазэхэ, япэм щыгъуэ зауэ егъэкӀуэкӀын, укӀыныгъэ пщӀэн, КаӀабэм и хъуреягъ ущыщакӀуэн цӀыхухэм щыпаубыду щыта. Апхуэдэ мазэхэр плӀы хъухэт — Зул-къэда, Зул-хьэжрэт, Мухьэррам, Рэджаб. Иджырей зэмаными а мазэхэр муслъымхэм мазэ лъапӀэхэу ябжхэ иджыри.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

А мазэхэм апхуэдэ пэубыдахэр яӀэу щыщытар КаӀабэм къакӀуэ цӀыхухэр хъумауэ щытынхэ щхьат. Зауэр къэхъеякӀэу е къэхъеинкӀэу щытым хьэрыпхэм мазэ пэубыдар япэ ирагъэшт ерэ ирагъэкӀуэтт. Ислъамым и япэ илъэсхэм, муслъымхэр апхуэдэу а пэубыда мазэм кӀэщӀэту псэухэу щытащ. Ауэ Ал-Бакъэра сурэм зэритымкӀэ, пэубыда мазэхэм Ӏэмалыншэм узауэ хъуну итщ.

Факъиххэм ялъытэр, пэубыда мазэхэм япэу зауэр щӀэдзэн, ауэ нэхъапэу зауэм щӀидзам ар пыпшэ е буух хъуну ябж.

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Ашхур аль-хурум (урыс.)