Тэймырэ - Красноярск крайм и ищхъэрэм дэт Тэймыр хытӀыгум ирижэ бэрдакъ (хуэму жэ псы ин). ИкӀыхьагъыр км 840 мэхъу, басейным км² 124 000 щӀыуэ еубыд. Псыр Тэймыр псыитым тӀууэ еугуэш: Тэймырэ ипщэ'рэ Тэймырэ ищхъэрэ'мрэ.

Тэймырэ
урбз. Таймыра

Кординатхэр: 76°06′40″ с. ш. 99°47′20″ в. д. / 76.111111° с. ш. 99.788889° в. д. (G)

КӀыхьагъыр: 187 км
Псыхъуэм и инагъыр: 124. 000 км²
Псыуэ ихьыр: 1.220
КъызхэкӀыр: Бырангэ
И пэр: Тэймырэ хыжьэ
Хэкур: Урысей
Хэку къедзыгъуэхэр: Красноярск край
ГВР: 17030000112116100139625

Тэймырэ Ипщэ зэгъэзэхуэжын

Хэкумэтх зэгъэзэхуэжын

Тэймырэ ипщэр Быррангэбгхэм къэщыщӀедзэри км 567-кӀэ зиӀуатӀэурэ Тэймыр псыитым холъадэ.

Хэлъадэ псыхэр зэгъэзэхуэжын

ИжьымкӀэ - Аятари, Луктах, Горбита, Логата; СэмэгумкӀэ - Кыйда, Дептумала, Фадьюкуда, Большая Боотанкага.

Къызэрагъэунэхуа зэгъэзэхуэжын

Тэймырэ ищхъэрэм и агъур (хэхуэжыпӀэр) къыхуэмыгъуэтыу щылъыхъуэм Урыс ипщэ полюс экспедицием хэт Кэлэмейцев Н.Н.-м псыр игъэунэхуауэщытащ. ЯпэщӀыкӀэ псым Кэлэмейцев ицӀэр иратауэщытащ[1].

Тэймырэ Ищхъэрэ зэгъэзэхуэжын

Хэкумэтх зэгъэзэхуэжын

Тэймыр псыитым къыхэжыу км 187-кӀэ къуэхьэпӀэ-ищхъэрэмкӀэ жэурэ Карэ Хым холъадэ. Псыхъуэм и гъуэгум тетщ Энгельгардт Псыит. ХэхуэжыпӀэм Карэ Хым и Тэймыр Хыжьэ еухуэ. Тэймырэ Ищхъэрэм и басейным хохьэ цӀэ гъэщӀэгъуэн зезыхьэ псыхэр Мамэнтыпс, Сэмэгу Мамэнтыпс, Мамэнт псыит.

Къызэрагъэунэхуа зэгъэзэхуэжын

1737-1742 гъэхэм Ипщэ Экспедициешхуэм щыгъуэ ягъэунэхуауэщытащ. XIX-э лӀэщӀыгъуэм Бытырбыху ЩӀэныгъуэшхуэ Акэдемием и экспедицием хэту Мейендорфым псыӀум щыщӀэдзауэ агъум нэс къикӀухьащ, бэрдакъым и тхыдэри, и дуней зэхэтыкӀэри нэхъ иригъэкъуащ, икъукӀэ тепсалъыхьащ. Уахътэ зыкӀэлъыпытым бэрдакъым иӀуэху зэрахуэу щытахэщ Лаптев Хэритон Прэкофьевич, Никифэр Фэмин, Челюскин Семён Иванэвич, Урванцев Никэлай Никэлаевич.

Хэлъадэ псыхэр зэгъэзэхуэжын

Траутфеттер (ижьымкӀэ), Шренк (сэмэгумкӀэ).

Псыкъэщ (Гидрэлогие) зэгъэзэхуэжын

ИнахъыбапӀэм псыр хэзыгъахъуэр уэсыпсщ (ткӀупсщ). ФокӀадэм икум щыщӀэдзауэ Мэкъуауэгъуэ хъуху бэрдакъым игущӀыӀур мылым иӀыгъщ. ЩӀымахуэм хым хэлъадэ псыр %8 нэхъыбэ хъукъым. Илъэсым курыту псыуэ хым хэлъадэр с/м³ 1220.

Дуней зэгъэзэхуэжын

Псым хэсщ омул, муксун, нельмэ, ряпушкэ, арктикэ гэлец.

Факт гъэщӀэгъуэнхэр зэгъэзэхуэжын

Илъэс 1948-м Шренкыпс ипэмэжыжьэу Мамэнт бацэм и ахъий, фэтӀэкӀурэ лытӀэкӀурэ нэгъунэ къыхуэнауэ къагъуэтауэщытащ[2].

Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын