Щу лъэпкъыр (лат-бз. Meropidae) — къуаргъкъащхъуэ хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Теплъэ щӀэращӀэ зиӀэ лӀэужьыгъуэхэр зэщӀеубыдэщ. Хуабжьу зэкӀужьхэщ, пэ, дамэ, кӀэ кӀыхьхэщ. Я теплъэм куэду хыболъагъу гъуэжь, щӀыху, сырыху, удзыфэхэр. Анэхэри хъухэри зэфэгъущ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Нэхъыбэу здэпсэур тропик-субтропик хэкухэращ, лъэтэжхэкъым. Къаукъазым щыгъуалъхьэр лӀэужьыгъуитӀщ, ахэр мэлъэтэж. Щу лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэхэм гуп-гупурэ къалъэтыхь, гуп-гупури мэгъуалъхьэ. Абгъуэ здащӀыр нэхъыбэу нэпкъ задэхэм ядежщ. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 2-5-щ, бгъуэнщӀагъ къыраудам икӀэм занщӀэу щагъэтӀылъ, щӀэдзын гуэри ямыӀэу.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Я Ӏусыр жьым къыщаубыд гъудэбадзэхэращ.

Лъэпкъэгъухэр зэгъэзэхуэжын


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.