ТӀыгузэхуаку хыхэр — тӀыгукӀэ е архипелагкӀэ къэухъуреихьа хыхэ. Абы къыхэкӀыуи хышхуэм псызэхъуэж дахэу хуаӀэкъым.

ТӀыгузэхуаку хыхэм я нэхъыбапӀэр здэщыӀэр Малай архипелагым и зэхуакуращ. Абыхэм нэхъ ину къахощ Филиппин, Явэ, Сулавеси, Бандэ хыхэр.

Апхуэдэ хыхэм я нэхъыбэр щӀэ геосинклинал зонэхэм епхахэу щытщ.