Къашыргъэгъуабжэ
Къашыргъэгъуабжэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Pernis apivorus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
Къашыргъэгъуабжэ (лат-бз. Pernis apivorus) — къашыргъэ лъэпкъщ.
Теплъэр зэгъэзэхуэжын
И инагъкӀэ къуалэбзу курытщ. ТхыцӀэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, ныбэ щӀагъыр нэхъ хыжьыфэщ, кусэ зэрызхэр зэпекӀуэкӀыу хэсу. И кӀэм фӀыцӀэ кусищ ирокӀуэкӀ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэ зэгъэзэхуэжын
Куэду щопсэу Ищхъэрэ Къаукъазымрэ КъаукъазыкӀэмрэ, Урысейм и Еуропэ Ӏыхьэм, Сыбыр мэзхэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Мэлъэтэж. ЩӀымахуэр Африкэм и ипщэ лъэныкъуэм щрех.
Къашыргъэгъуабжэр мэзышхуэхэр фӀыуэ зылъагъу къуалэбзущ. Абгъуэр жыгыщхьэм щещӀ, адрей лӀэужьыгъуэхэм яйхэр къыщиубыди къохъу. Къизышыр анэращ, хъур зэзэмызэ доӀэпыкъуурэ.
Ӏусыр зэгъэзэхуэжын
Ӏус нэхъыщхьэр гъудэбадзэщ, псом хуэмыдэу фӀыуэ ялъагъу хьэдзыгъуэнэ, щӀыбжьэ шыр. Яшх пкӀауэ, щыгъыныхь, атӀанэ — хьэндыркъуакъуэ, шындырхъуо, блэ, къуалэбзу жьгъей, дзыгъуэ.
Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |