Азэрбиджаным и тхыдэр
Азэрбиджаным и тхыдэр
I илъэс мин ди лъэхъэнэм ипэм Азэрбиджаным и ищхъэрэ лъэныкъуэм Къэукъаз Албаней къэралыр хэтт.
VII лъэхъэнэм Азэрбиджаныр Хьэрып хьэлифэтым хэта. Ар зэхэхуа яужь Азэрбиджаным и щӀыпӀэм къэрал зытӀущ къыхокӀыр.
XIII лъэхъэнэм Азэрбиджаным монголыдзэр тоуэ.
XV—XVIII лъэхъэнэм Азэрбиджаныр Сефевидхэм я къэралым хэта.
XIX лъэхъэнэм и пэм Азэрбиджаныр Урысейм хохьэ, яужырейм и ӀэнатӀэгъуэр къэрал псом щыщхьэщыувэр 1828 гъэм Урысеймрэ Къажэрымрэ Туркманчай тхылъыр щыщӀатхам.
Джэпуэгъуэ револуциэм яуж Урысейм, 1918—1920 гъэхэм къэралыр хуиту щыта Демократ Республикэ Азэрбиджан ицӀэр жоуэ.
1920—1991 гъэхэм Азэрбиджан РСС-р РССЗ-м хэта.
1991 гъэм щыщӀэдзауэ Азэрбиджаныр къэрал хуитыу щыт.