Аулъэ Тхьэйшъау
Аулъэ Тхьэйшъау (XIX лӀэщӀыгъуэ) — джэгуакӀуэ тхьэмадэ, уэрэдус, шыкӀэпшынауэ, хьэтыякӀуэ.
Аулъэ Пащэ икъоу Тхьэйщау абдзэхэ къуажэ Хьэкуринэхьэблэ къыщалъхуащ, щыпсэуащ, щыщӀалъхьэжащ. Ар XIX-нэ лӀэщӀыгъуэм и кум хеубыдэ. КъызыхэкӀар мэкъумэшыщӀэ унагъуэт.
Езыми унагъуэ иӀэу, мэкъумэшри джэгуакӀуэнри зэдихьырт. Аулъэр зи тхьэмэдар уэрэдгъэӀу ансамбылт, джэгуакӀуихым езыр ебланэу яхэту. Апхуэдэм нэхъ я лэжьапӀэр хьэщӀэщхэрат, ешхэ-ефэр уэрэдкӀэ ягъэдахэу, зэзэмызи къагъафэу.
Тхьэйшау и гупым хэтащ шыкӀэпшынауэ цӀэрыӀуэ Джэнчатэр (ар уэркъым къахэкӀыу къоӀохур), уэрэдгъэӀу Ӏэзэ Шэджэмыкъуэр, адрейхэр ежьурт, пхъэцӀыч еуэрт. Тхьэйщау уэрэд щигъэӀукӀэ, ежьупашэр Джэнчатэрат, Шэджэмыкъуэм е Джэнчатэм уэрэдгъэӀуныр щалъыскӀэ, ежьупашэр Аулъэрат. ХьэщӀэщ джэгу щащӀкӀэ, Тхьэйщаур хьэтыякӀуэ хъурт.
А лъэхъэнэм щыӀа джэгуакӀуэхэм гъыбзи, зыгъэлъапӀэ уэрэди, ауаныщӀ, лъагъуныгъэ уэрэди яусу щытащ; Аулъэм къыщӀэнахэр лъагъуныгъэ, ауаныщӀ уэрэдхэщ.