Дуней хым и хуэзэгъуэмкӀэ и лъэгагъыр
Дуней хым и хуэзэгъуэмкӀэ и лъэгагъыр ерэ алтитудэ (лат-бз. altitude) — координатхэ, дунейм и сытхуэдэ щIыпIэри хы Iуфэм къызэрыщхьэщыкIр ерэ зэрынэмыс къагъэлагъуэу.
Урысейм координатхэр ябжын щIадзэ Балтикэ хы Iуфэм деж щыщIэдзауэ.
Псалъэм папщIэ:
- Дунейм и щIылъэ нэхъ лъагэ дыдэ пIэ — бгы Джомолунгмэ (Эверест), и лъагагър 8848 метрэкIэ хы Iуфэм къыщхьэщокI.
- Дунейм и щIылъэ нэхъ лъахъшэ дыдэ пIэ — Хы лIа и Iуфэр, 417,5 метрэкIэ хы Iуфэ ябжым нэс нэскъым.
- Урысейм и щIылъэ нэхъ лъагэ дыдэ пIэ — бгы Ӏуащхьэмахуэ, и лъагагър 5642 метрэкIэ хы Iуфэм къыщхьэщокI.
- Урысейм и щIылъэ нэхъ лъахъшэ дыдэ пIэ — Хы Къарс и ишхъэрэ Iуфэр, 28 метрэкIэ хы Iуфэ ябжым нэс нэскъым.