«КиноПоиск» — кинемотогрофым теухуауэ урысыбзэ интернет-проект. Сайтым илъщ филмхэм, сериалхэм, актерхэм, режиссорхэм сытхэм ятеухуауэ информациэ. Социал хъым и зэфӀэкӀхэр иӀэщ. Ахэм нэмыщӀ сайтым кином и сытхуэдэ гъэзапӀэм теухуауи махуэ къэс хъыбэрыщӀэхэр къралъхьэхэр, кино екӀуэкӀхэм ахъшэ къыщӀаххэм ятеухуауи анализхэр ящӀ.

Логотип

2014 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм сайтым цӀыхуу регистрациэ зыщӀахэм я бжыгъэр милуанищым щӀигъуащ[1].

2013 гъэм и жэпуэгъуэ мазэ хъухъу сайтым и 60% Ӏыхьэр ООО «Кинопоиск» иӀыгъыу, адрей 40% абы и дэзыӀыгъыгъуэ фрэндж компаниэ AlloCiné ӀэщӀэлъу щытащ. Жэпэуэгъуэм и 15-м сайтыр къищэхуащ Яндекс компаниэм[2].

Сайтым и щытыкӀэр

зэгъэзэхуэжын

Сайтым уегъэлъагъу кинохэм, сериалхэм, мултхэм икӀи абыхэм епха киноиндустриэм и лэжьакӀуэхэм ятеухуаухэу информациэ зэмылӀэужыгъуэхэр. Сайтым и медиэбазэм хохьэхэр вагъуэхэм я сурытхэр, кино сериалхэм къыхэха кадрхэр, абы япха саундрекхэр, трейлерхэр икӀи нэгъуэщӀхэр

Зэрзэхэлъхэр: Сайтым иӀэ пычыгъуэхэр:

  • филмхэм я напэкӀуэцӀхэр
  • кинолэжьакӀуэхэм я персонал напэ
  • кинохэм я хъыбарыщӀэхэр
  • интервиухэр
  • фоторепортажхэр
  • кино, Blu-ray, DVD къыдэкӀынухэм я график
  • телепрограммэ
  • джэгурэ зэпеуэра киноманхэм щхьа
  • социал щӀэупщӀэхэр
  • филмхэм я рейтингхэр
  • Урысейм, АШЗ-м, дунейм щекӀуэкӀ ахъшэ щӀэххэр
  • DVD Blu-ray каталогхэр
  • премиэхэм я архив
  • вагъуэхэр социал хъым
  • нэхъыфӀ дыдэ филмхэм я Топ-250

Сайтым и тхыдэ

зэгъэзэхуэжын

Сайтыр яухуаущ 2003 гъэм и щакӀуэуэгъуэм и 7-м. Сайтыр зыухуауэ щытхэр Виталий Тацийрэ Дмитрий Сухановрэщ[3].

2012 гъэм и гъатхэпэ мазэмкӀэ сайтым махуэ къэс 1,3 милуан цӀыхуу ихьэу щытащ[4].

Alexa Internet компаниэм къызэрибжамкӀэ сайтым дунейм 517 увыпӀэр (Урысейм 27 увыпӀэр) иӀыгъщ уеб-сайтхэм популарнагъкӀэ[5].

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын

Гулъытэгъуэхъэр

зэгъэзэхуэжын