Къалэм и къалэкӀуэцӀ щӀыпӀэ федерал мыхьэнэ зиӀэ

Къалэм и къалэкӀуэцӀ щӀыпӀэ федерал мыхьэнэ зиӀэ — Урысей Федерациэм и зы муниципал къэхъугъэ тип, 2006 гъэ лъандэрэ щыӀэ, къэралым федерал мыхьэнэ зиӀэ къалэ Мэзкуу, Бытырбыху, Севастопол сымэ яхэту.

КъалэкӀуэцӀ муниципал къэхъугъэр, федерал къалэм хэту и зы щхьэхуит муниципал къэхъугъэу щытщ. КъалэкӀуэцӀ къэс щӀы хыхьэм щыпсэу цӀыхухэм, езыхэм я щӀыпӀэ унафэщӀхэр къыхахыж илъэс бжыгъэкӀэ ерэ нэгъуэщӀ щӀыкӀэу а къалэкӀуэцӀым и администрациэм щылажьэхэм къыхахыжхэр[1].

ЩӀыпӀэ администрациэм и щӀэпхъэхэр егъэзаӀэ Урысей Федерациэм и Конституциэм, федерал унафэхэм елътахэу.

Псалъэм папщӀэ Мэзкуу къалэкӀуэцӀ муниципал къэхъугъэу 146 иӀэщ (125 муниципал куейрэ 21 тӀысыпӀэрэ), Бытырбыху 111 иӀэщ (81 муниципал куейрэ 30 тӀысыпӀэрэ).

2006 гъэм унафэщӀэр ятха иуж, мыдрей къалэхэм яӀа къалэкӀуэцӀ къэхъугъэхэр зэхагъэкӀыжахэщ.

Гулъытэгъуэхэр

зэгъэзэхуэжын