Нэшид
Нэшид (хьэр-бз. نشيد) — муслъымэн уэрэд жыӀапхъэ, макъамэ Ӏэмэпсымэхэр къамыгъэсэбэпу, цӀыхухъухэм (зэкъуэтэкъуэхэ цӀыхубзхэм) закъуэу ерэ гупуу жаӀэ. Макъамэ Ӏэмэпсымэ къэбгъэсэбэпу нэшидыр жыпӀэну тхьэлъэӀу куэдым ядэкъым. Нэхъыщхьэ мэзхьабиплӀыми макъамэ Ӏэмэпсымэхэр нэшид щыжыпӀэкӀэ къэбгъэсэбэпыну ядэкъым. Ауэ иджырей зэманым иныкъуэ нэшидхэр мэкъамэ программэхэмкӀэ зрагъэзанщӀэ ящӀу щытщ.