Категориэ:Ислъам версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
Новая страница: «Ди лъэпкъым диныр къыщищтар. Абы ехьэлIауэ «Кавказым и тхыдэ» тхылъ цIэрыIуэу Исуф Гьиззэт ...»
 
религиозный бред, нездорового человека
1 сатырыр
Ди лъэпкъым диныр къыщищтар. Абы ехьэлIауэ «Кавказым и тхыдэ» тхылъ цIэрыIуэу Исуф Гьиззэт Баша и IэдакъэщIэкIым итыр мыращ:
Ислъам диныр Кавказым къэунэхун щыщIидзар муслъымэн къэбжыкIэмкIэ 22 гъэращ. Ар чыристэн къэбжыкIэмкIэ 642 гъэм хуозэ. Кавказ ищхъэрэмрэ Куржы щIыналъэмрэ къэса муслъымэнхэращ ар зи фIыщIэр. А щIыналъэм муслъымэн тепщэгъуэ абыхэм щагъэуври, лIэщIыгъуиплIым щIигъукIэ зэпытащ абы и унафэр.
Япэ дыдэу а лъэныкъуэм Алыхьыр зи фIэщ хъууэ Ислъам динри къэбыл зыщIар Куржы лъэпкъращ, абы къакIэлъыкIуащ Дагъыстэнхэр. Мис абыхэм иIэпхъукIри къухьэпIэмкIэ зиунэтIащ Ислъам диным, Къэбэрдей щIыналъэмкIэ зигъазэу. Абы адэкIэ Псыжь и Iэгъуэблагъуэхэм. Абыхэм къакIэлъыкIуэу, муслъымэн диныр адыгэхэм и деж зыщиубыгъуным зи фIыщIэ хэлъыр Къырым пашэхэу диным хуезыджахэращ. Псом хуэмыдэжу, муслъымэн диным Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIа Къырым пашэхэм ящыщщ Гьадил Кэрай. А лIы щэджащэм Къырымым щIэныгъэлIхэр къыришри адэкIэ-мыдэкIэ тыриугуэшащ диным хурагъэджэн папщIэ, мэдрэсэхэр иухуащ, мэжджытхэр иригъэщIащ, Къэбэрдейхэм благъэ къахуэхъури Ислъам диныр фIыуэ къаригъэлъэгъуащ, абы я нэфI щыригъэхуащ, диным и пщIэр лъагэ ищIащ. Мис абы къыхэкIыу лъэпкъхэр Алыхьым и диным гуп-гупури зэрызури къихьащ.
 
Абы иужькIэ, Гьэлий Фэрэхь Баша 1195 гъэм къэкIуащ. Ар Уэсмэн къэралыгъуэм и лIыкIуэт. Абы къыздришащ щIэныгъэлIхэр. Мэжджытхэр дырищIеящ, Анапэ къалэри къалащхьэу, муслъымэн псоми я зэхуэсыпIэу ищIри, абы икIыжурэ Ислъам диным Кавказ псом зыщиужьащ.
КIэщIу жыпIэмэ, адыгэхэм – псоми жыпIэ хъунщ – Алыхьым и шыкуркIэ муслъымэнагъыр къащтащ, я диным быду зырапхащ, я фIэщхъуныгъэкIэ цIэрыIуэ хъуахэщ. Диным къалэн къигъэувхэр ягъэзащIэу, ар унафэ нэхъ гъэткIияуэ ирехъу, е нэхъ щабэхэм щыщми. Хьэрыпыбзэми гулъытэ хуащIу, абы хуэфащэ пщIэри ящIэжу, ар динымрэ Iэдэбымрэ я бзэу къабжу, я тхылъхэри абыкIэ ятхыу.
 
Дин щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ахэм къахэкIащ Iэ зыхуашийуэ, зи цIэ жыжьэ Iуа щIэныгъэлIхэр..
(«Кавказым и тхыдэ», нап. 2I9).