Сэшхуэ иэ сащхъуэ иэ сащкуэ — Ӏашэ кӀыхь упкӀэ-хэсэм ящыщ, и зы лъэныкъуэмкӀэ гъэджэнауэ, тӀэкӀу гъэчауэ щыту. И пэр лъэныкъуитӀымкӀэ гъэджэнауэ щыт, и кӀыхьэгъымкӀэ зы метырым фӀэкӀкъым. Адыгэ сэшхуэдыдэхэр псынкӀыу щытхэт ( адрей лъэпкъхэм яшъхэтэр нэхъ хьэлъу щытхэт ).

КӀыр здиухым гъэчауэ, тӀууэ зэгуэкӀыу щыт, ипэмкӀэ Ӏэр зыхъумэн хуэгъэсэбэпауэ пари иӀэкъым, абыкӀэ сэшхуэр нэхъ къыхагъэкӀ адрей Ӏэшэхэм. Салъэр пхъэм къыхэшъыкӀа, фэ телъу. Къэгъэча лъэныкъуэм фӀэдзапӀитӀ зэпэщылъу тету.

ЗэрзэфӀэувам и тхыдэ

зэгъэзэхуэжын

Япэреуэ сэшхуэр Ӏашэ мылъапӀэ хуэду къежьат зукӀуэ-шухэм шъхьэкӀэ, джатэм ипӀэкӀэ. Япэрей сэшхуэхэр XII-XIII лъэхъэнэм щыщхэ. Яэпэреуэтхылъ-тхыдэм щытхар къаӀуэту 1625 гъэм, и гугъ зышъар Джованни де Лука. Гын-Ӏашэхэр зэрахьэн зэр кӀадзэрэ, афэхэри зэрахьэн хом-хомурэ щагъэтт, абы шъхьэкӀэ сэшхуэр кӀэх джатэм ипӀэм иува. Япэреуэ ар Каукъазым щекӀуэкӀа яужым Урысейми хъыщыхъуа, сэшхуэр цӀэрыӀуэ абым щыхъуауэ. Япэреуэ сэшхуэр Ӏэшэ хуэду Тэрч къэзакъхэм фашэм дэкӀыгъу зэрахьэн кӀадза, яужым XIX лъэхъэнэм урысей шуудзэпсом и фашэм фӀэлъ Ӏэшэ хъуа.