Адыгэхэм я хьэдагъэ махуэ

Адыгэхэм я щыгъуэ (хьэдагъэ) махуэШъыгъо мафэ - накъыгъэ мазэм и 21-м адыгэхэм я щыгъуэ махуэщ. А махуэр къызэрыхахар зэпхар мыращ: накъыгъэм и 21 махуэм 1864 гъэм Урыс-Къаукъаз зауэр Кбаадэ къуэм и деж щиухауэ ялъытэ, урысхэр Къаукъазым ис цӀыхухэм къатекӀуэу. Абы къыхэкӀыу 1763 гъэм щыщӀэдзауэ 1864 гъэ хъуху (илъэси 101) екӀуэкӀа зауэр апхуэдэ гуӀэгъуэшхуэкӀэ иухащ. А лъэхъэнэм щыгъуэ адыгэу зауэм къелауэ урысхэм я унафэ щӀэтыну хумейхэр хы Ӏуфэм нэс яшэрти, кхъухьхэм ирагъэтӀысхьэурэ Уэсмэн Империем яхурт. Зауэ нэужым Къаукъазым щыпсэуу щыта адыгэхэм ящыщу Хэкум къинэжар 5% къудейщ.

Адыгэхэр я хэкум ираху (П.Н. Грузинский и сурэт)

Накъыгъэм и 21 махуэр Урысейм и республикищым (Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс) я щыгъуэ махуэщ икӀи Къэбэрдей-Балъкъэрым а махуэр мылэжьэгъуэ махуэу щыщытщ.

А махуэм адыгэхэр куэду щыпсэу щӀыпӀэхэм зэхуэс щащӀ, я гуауэм и инагъыр мыдрей лъэпкъхэм ирагъэлъэгъуну икӀи нагъэсэну щогугъхэр.

Накъыгъэм и 21-р щыгъуэ махуэу икӀи мылэжьэгъуэ махуэу 1990 гъэм траухуауэ щытащ. Ар адыгэхэр титул статус яӀэу щыпсэу республикэхэм 1994 гъэм цӀэ иӀэу траухуащ.

Нобэ, адыгэхэм я бжьгъэр мелуаниплӀым носыр, абы я нэхъыбапӀэр хамэ щӀыпӀэ, хамэ къэрал 40 щӀигъум щопсэухэр. Иныкъуэхэм зауэ зэманым къекӀуэкӀа цӀыхуукӀымрэ хэкужьым щхьэхуимыту ирахунымрэ — лъэпкъгъэкӀуэду щытауэ ябжыр.

Адыгэхэм нэмыщӀ, накъыгъэм и 21-р я щыгъуэ махуэу щытщ адыгэхэм я благъэ лъэпкъхэм — абазэхэмрэ азгъейхэмрэ, адыгэхэм ягъусэу зауэм и гуауэмрэ хэкум ихуныгъэмрэ дэзыгуэшахэр.