Африкэ Лъэпкъхэр
Африкэм лъэпкъу, этникэ-гупу дэсыр 500 къыщыкӀэдзауэ 7 000 носыр. Апхуэдизу зэрзэшъхьащыкӀыр джылэ исыр фӀыуэ зэрамышъэм шъхьакӀэ лъэпкъхэмрэ, здэпсоухэмрэ. Нэхъ зэргугъэхэмкӀэ лъэпкъ-шъэныгъэ азэгъуэхэм лъэпкъу, этникэ-гупу (абыхэм нэхъ зэгъунэгъу лъэпкъхэр зэхагъыхьу) зэрыхъур мин 1 - 2 хуэдиз.
Лъэпкъ нэхъыбэхэр Африкэм дэсхэр мин зытӀущ иэ шъэ зытӀущ нэхъ мыхъху, зы къуаджэ-къуаджитӀ нэхъ дэмысху. Африкэм и 90 % дэсыр - ахэр лъэпкъ 120, 1 милыуаным фӀэкӀыу зи джылэхэр, абыхэм я 2/3 лъэпкъ 30 я щыщ, зи джылэр милыуан 5 фӀэкӀыу. Нэхъ къыхэщу щытыр Тропик Африкэм иджылэр 1/3 хъууэ ( Африкэм исым иныкъуэ хуэдыз ) яхэтхэр лъэпкъ 10 нэхъ инхэм ящыщ, милыуан 10 мы нэхъ макӀыу хъууэ: хьарыпхэр, хаусахэр, фулбехэр, йорубахэр, игбохэр, амхарахэр, оромохэр, руандэхэр, малагасихэр, зулусхэр.
Лъэпкъ-културэмкӀэ Африкэм ишӀыгур тӀууэ зэгокӀыр "тхыдэ-лъэпкъ хэкукӀэ" - Ишъхъэрэ Африкэрэ Тропик Африкэрэ. Тропик Африкэм абы пэмыкӀыу 6 хеубыдэ "тхыдэ-лъэпкъ хэку" (ТЛъХ):
- КъуэхьапӀэ Африкэ, иэ пэмыкӀыу КъуэхьапӀэ Судан
- Экуадор Африкэ (КъуэхьапӀэ Тропик Африкэ)
- Ипшъэ Африкэ
- КъуэкӀыпӀэ Африкэ
- Ишхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ Африкэ
- Мадагаскарымрэ адреуэ хъуамрэ.
Лъэпкъ зэхэтыкӀэ-псоукӀэр
зэгъэзэхуэжынИшъхъэрэ Африкэ хэку ТЛъХ
зэгъэзэхуэжынШӀыпӀэр: Мысыр, Ливиэ, Тунис, Алджазаир, Марокко, КъуэхьапӀэ Сахара, нэхъ макӀыу хиубыду Мавританиэ.
Зэргуэчыр Мысыр-Суданрэ Магриб-Мавританрэ "тхыдэ-лъэпкъ хэкукӀэ" (ТЛъХ).
Щыпсоухэр: хьарыпрэ бербер лъэпкъхэмрэ, афразий бзэ-лъэпкъкӀэ псалъэху, ипшъэеуропэ иэ ху курыт раса цӀыкӀум ящыщу. Джылэм я нэхъыбэр мыслъымэн диным пылъ, копот-лъэпкъым щымыхъукӀэ (пэсырей мысыр лъэпкъым къатекӀа) - ахэр чыристэнхэ.
Я лэжьыгъэр нэхъыбэм губгъуэ-зехьа (Нил ипсыхъуэмрэ оазисхэмрэ), жыгхадэ, санэхухадэ, чыцӀыбжьэ Ӏарысэ ягъэкӀ, хьарыпхэмрэ (бедуинхэр) берберхэмрэ я ныкъуэр къушъхьа иэ пшахъуалъэ лъэныкъуэхэм дэсхэр куэч-псоукӀэ зэрахьа. Махъшэ, былым, шы, шыд зэраху. Я щыгъыныр - джанэ кӀыхь, пшъампӀэ хъуэреуэ къыхауэ, гъуэнчэдж илъапэмкӀэ зэв хъууэ, къэптӀал Ӏамэ зэрахьа. Куэч-лъэпкъхэм я хабзэмкӀэ иджыри къыздынэсым лъэгум ису машхэхэ, загъэпсэху икӀи щожэуйхэ. Я шхыныр - пӀастэ мы Ӏув Ӏамэ, шху, кус-кус, лы гъэжьа (такъыру, нафӀэм телъу иэ цӀыкӀу упкӀэтауэ), бжъэжъей, хьалывэ, джэш-чыпс Ӏамэ, чыпс-сыр, пхъышъхьа-мышъхьа гъэгъуа, щей, къэхьэуэ. Я унэхэр ятӀэ удынам иэ семаным къыхашъыкӀ, унашъхьар занкӀыу, ишъхьагъумджэхэр пкӀантӀэмкӀэ плъэуэ, урамымкӀэ кӀэхьапӀэм фӀэкӀэ хуэмыгъэзауэ.
Ишъхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ Африкэ ТЛъХ
зэгъэзэхуэжынШӀыпӀэр: Эфиопиэм инэхъыбэр, Эритреэр, Джибути, Сомалир, Кениэм ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмрэ къуэкӀыпӀэмрэ джоуэ хеубыдэ. Лъэпкъ дэсхэм я нэхъыбэр зэрыпсалэр эфиопыбзэхэмкӀэ (амхарэ, тигре, тиграи, гераге, харари пэмыкӀхэмкӀэ), кушитбзэхэмкӀэ (оромо, сомалий, сидамо, агау, афар, консо пэмыкӀхэмкӀэ), омотыбзэхэмкӀэ (омето, гимиррэ пэмыкӀхэмкӀэ) афрэазий бзэхэм хэт микро-унагъуэм ящыщхэ.
II — XI лъэхъэнэхэм къыщыкӀэдзауэ Эфиопиэм губгъуэ лъэжьыгъэм пылъхэ цьэцэпэцэхэр ягъэкӀыу, абы пэмыкӀыу былым зехуэным пылъу. Губгъуэр зэравэр пхъэӀашэкӀэ (марэша), выхэр кӀэшъауэ. Аксумитхэм япэреуэ кӀадза гъэкӀын, Ӏарысэ шъын хьэцэпэцэ Эфиопиэм нэхъ фӀэкӀа зкӀыпӀи къэмыкӀ: тэфф гъавэцӀыкӀурэ, дуррарэ (мэш лъэпкъым щыщ, натрыхум ехьчу), дагуссэ, джэш Ӏамэ къакъийрэ, чинарэ. Эфиоп бгыхэм абы пэмыкӀыу къыкӀахэр гуэдз гуэрэхэм я щыщ лӀэужьыгъуэхэмрэ къэхьэуэмрэ. Хьаблэхэр зэбгырыдзауэ иэ урамкӀэ зэхэтурэ щытхэ, унэхэр хъуреуэ пхъэкӀэ шъауэ, ятӀэкӀэ иэ вэнвейкӀэ цӀэлауэ, пкӀашъхьар памцӀу щыту - тукул , нывэкӀэ шъауэ плӀимэр, ишъхьар занкӀыу - хыдмо. Я щыгъыныр джанэ занкӀэ кӀыхь, бгарыпх бгъуэкӀэ кӀэпхауэ, гъуэнчэдж къыкӀэлъу. Эфиопыр куэдрэ Тропик Африкэм Чыристэн къэралу изакъуэ щыта. I лъэхъэнэм ипэм къыщыкӀэдзауэ эфиоп тхэбзэ зэрахьэн кӀадзэ. Оромохэр, сомалийхэр, тигрехэр, афархэмрэ адрей лъэпкъхэри якӀыгъу - мыслъымэнхэ, куэч-псоукӀэ зэрахьа, былым, махъшэ, шы зэраху. Агау лъэпкъ гуэрэхэм джурт диным пылъхэ (фалаша - эфиоп иэ фӀыцӀэ джурткӀэ йоджэ).
КуъэхьапӀэ Африкэ иэ КъуэхьапӀэ Судан ТЛъХ
зэгъэзэхуэжынПсом нэхъри нэхъ ину, нэхъ "гугъу" щыт хэку, икӀуэцӀымкӀэ 3 гуэчыжьу.
- Атлантик лъэныкъуэ: Сенегалым ишъхъэрэ икумрэ хиубыду, Мавританиэм ипшъэ лъэныкъуэхэр Сенегалым Ӏулъхэр, Гамбиэм икъуэхьапӀэ лъэныкъуэр, Гуинеэм ишъхъэрэ, икъуэхьапӀэ лъэныкъуэхэр, Гуинеэ-Бисау икур, икъуэхьапӀэ лъэныкъуэхэр (хы тӀыгу Бижагошхэр хэту), Сиерра-Леоне ишъхъэрэ-къуэхьапэ лъэныкъуэхэмрэ, атлантикэм пэщылъхэмрэ (хы тӀыгу Шерброхэмрэ пэмыкӀхэмрэ хиубыду), Либериэм ишъхъэрэ-къуэхьапӀэ лъэныкъуэр, Кабо-Верде джоуэ хэтхэ. Лъэпкъ атлантикэм Ӏусу хъуар атлантик бзэхэмкӀэ мэпсалъэхэ, адрейхэр мандéбзэхэмкӀэ (сусу, маника, менде, ваи пэмыкӀхэмрэ).
- Судан лъэныкъуэ: Сенегалым ипшъэ къуэкӀыпӀэмрэ, Гамбиэм икъуэкӀыпӀэр, Гуинеэ-Бисау ишъхъэрэ, икъуэкӀыпӀэмрэ, Гуинеэм икумрэ икъуэкӀыпӀэмрэ, Сиерра-Леоне икумрэ икъуэкӀыпӀэмрэ, Либериэ ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмрэ, Мали (ишъхъэрэ лъэныкъуэм щымыхъукӀэ), Мвританиэм ипшъэ лъэныкъуэхэр Малийм Ӏулъхэр, Буркина Фасо, Кот-д'Ивуарым, Ганам, Тогом, Бениным, Нигериэм, Камеруным япшъэ лъэныкъуэхэр, Нигерымрэ Чадымрэ янэхъыбэр. Судан лъэныкъуэ лъэпкъхэм я нэхъыбэр нигер-конголез бзэхэмкӀэ мэпсалъэхэ: бзэ мандéкӀэ, гуркӀэ, догонхэмкӀэ, сенуфукӀэ псалъэхэм я нэхъыбэр здэпсор абдежь абы пэмыкӀыу лъпкъ нэхъ ин атлантик бзэ унагъуэм щыщ - фулбе, адамава-убангий бзэхэм ящыщ мумуйе, чамба пэмыкӀхэмрэ джоуэ. Чад бзэхэмкӀэ псалъэхэр япэреуэ хауса, нил-сахара бзэхэмкӀэ: сонгай, канури, тубу, загава, маба, фур, сара, багирми пэмыкӀхэмрэ джоуэ.
- Гуиней лъэныкъуэ: Кот-д'Ивуарым, Ганам, Тогом, Бениным, Нигериэм якухэмрэ, я ипшъэ лъэныкъуэхэмрэ. Гуиней лъэныкъуэм щыпсоу лъэпкъу хъуар нигер-конголез бзэхэмкӀэ мэпсалъэхэ: ква, кру, иджоидрэ бенуэ-конголезхэмрэ (йоруба, игбо, бини, нупе, гбари, игалара идомэрэ, ибибио, эфик, камбари, катаб, биром, джукун джоуэ) абы пэмыкӀыу бантоидхэр (тив, экои).
КуэхьапӀэ Африкэм арыху къыкӀакъым африкэ цивилизацэр: шӀыпӀэр фӀыуэ (уэшху къэшхыр ирикъу) тегъэпсыхьауэ елэжьыным. Суданым хьэцэпэцэхэр ягъэкӀ (ху, прундж, гуэдзым ехьч къэкӀыгъэхэр), Гуинеэм итропик мэз лъэныкъуэхэм щыӀахэм лъабжъэкӀэкӀэ къэкӀыгъэхэм йолъэжьыр (ямс, кассава абы хуэдэ памыкӀхэри). Атлантикэм иӀуфэмкӀэ хьэцэпэцэхэм ядэкӀыгъу лъабжъэкӀэкӀэхэри ягъэкӀыр. Суданым былым зехуэным пылъхэ. Куэду зыпылътэр дышъэ къыкӀэхыным ауэ чыгъу (шыгъу) зэрамыӀам шъхьакӀэ судан лъэпкъхэр сахарам исхэм яде щахуэхэт (чыгъукӀэ нэхъ къуэлеуэ щытахэм).
Экуатор Африкэ (КъуэхьапӀэ ТропикымкӀэ) ТЛъХ
зэгъэзэхуэжынШӀыпӀэр: Камеруным икумрэ ипшъэмрэ лъэныкъуэхэмрэ, Чадым ипшъэ, Африкэ Курыт Республикэ, Конго Республикэ, Конго Республикэ Демократ, Габон, Экуадор Гуинеэ, Сан-Томерэ Принсипирэ, Анголэ, Замбиэ джоуэ хэт.
Дэсхэм я нэхъыбэр бантубзэкӀэ псалъэ лъэпкъхэра: дуала, фанг, буби, мпонгве, теке, мбоши, нгала, комо, монго, тетела, куба, конго, амбунду, овимбунду, чокве, луэна, лози, тонга, бемба, луба пэмыкӀхэр джоуэ. ПэмыкӀ бантубзэхэмкӀэ псалъэхэр: бамилеке, бамум, тикар. Адамава-убангийбзэхэмкӀэ - занде, банда, нгбандирэ гбайярэ. Суданкурыт бзэхэмкӀэ - морумангбету лъэпкъхэр. Пигмейхэр я гъунэгъухэм ябзэхэмкӀэ мэпсалъэхэ, ипэмкӀэ къэбжэкӀауэ хъуам ауэ нэхъыбу банту бзэхэмкӀэ.
Я Ӏашъагъэ-шъэныгъэхэр тропик мэзхэм нэхъ тегъэпсыхьауэ щытхэ Гуинэй лъэныкъуэм нэхъ ехьчу. Нэхъ къыхагъэкӀыр пигмейхэра, куэчынымрэ шъакӀуэн псэукӀэмрэ пылъхэр.
Ипшъэ Африкэ ТЛъХ
зэгъэзэхуэжынШӀыпӀэр: ипшъэ Анголэ, Намибиэ, Африкэ Ипшъэ Республикэ, Свазилэнд, Лесото, Ботсвана, Зимбабве, Мозамбикым ипшъэ и ку лъэныкъуэхэмрэ.
Джылэ дэсхэм ябзэхэр: банту бзэмкӀэ псалъэ лъэпкъхэр коса, зулу, свази, ндебелерэ матабелерэ, суто, тсвана, педи, тсонга, венда, шона, гереро, овамбо пэмыкӀхэр джоуэ. Койсан бзэхэмкӀэ псалъэхэр бушменхэмрэ готтентотхэмрэ.
Ипшъэ Африкэм счыгъуи лъэпкъ кӀэхэр ихьурэ щыта, КъуэкӀыпӀэ Африкэ лъэныкъуэм къыщыкӀэдзауэ банту бзэхэмкӀэ псалъэ лъэпкъхэр I ди лъэхъэнэм щыкӀэдзауэ койсан лъэпкъхэм здэпсоуа я шӀыгу нэхъыфӀхэр яубыдурэ (пшахъуалъэ Калахаримрэ НамибымрэкӀэ ирагъэкуэтаху). XIX лъэхъэнэм ипэм нгуни щыщ лъэпкъым иныкъуэр Африкэ Ипшъэ Республикэм ишъхъэрэ лъэныкъуэм итӀысхьахэ, иджырей Зимбабвем (матабеле), Танзаниэм ипшъэ лъэныкъуэ (нгони).
Банту бзэхэмкӀэ псалъэ лъэпкъхэм я лэжьыгъэр - хадэ-губгъуэ зехьанрэ (пхъышъхьа-мышъхьа, джэш, нартыху, ху), былыб зехуэнрэ. Готтентотхэр былым зехуэным пылъхэ, лъэпкъ топнар-намам щымыхъукӀэ (Намибиэм), хы псэушъхьахэм яшъэкӀуэным пылъахэ.
Я хьаблэхэр хъуреуэ, зэкӀэлъыпыту яшъхэ. Унэхэр хъуреуэ, пкӀашъхьэхэр памцӀу щыту. Адрей африкэ лъэпкъхэм ялъытамэ уэнджак зэӀухауэ яшъхэр (янэхъыбэм унэм кӀэмыту пкӀантӀэм дэту), къушъхьа лъэпкъ тсванэхэмрэ сутохэмрэ ятӀэ хьаку яшъхэр, унэкӀуэцӀым.
Бушменхэр (сан) - куэч лъэпкъ, шъакӀуэмрэ, къэкӀыгъэ къшыпынымрэ пылъхэ. Здэпсохэр пщыӀатэхэм, кудамэхэмкӀэ зэтралъхьу, ишъхьамкӀэ удзрэ фэхэрэ тралъхьу.
КъуэкӀыпӀэ Африкэ ТЛъХ
зэгъэзэхуэжынШӀыпӀэр: Комор хы тӀыгухэр, Малави, Мозамбикым ишъхъэрэ, Замбиэм, Танзаниэм, Угандам, Руандэм, Бурундим япшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэр, Конго Республикэ Демократым икъуэкӀыпӀэмрэ ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмрэ, Кениэм инэхъыбэр, Суданыр, Эфиопиэм икъуэхьапӀэ лъэныкъуэр.
ХэкуитӀу мэгуэч:
- Ӏуфэм Ӏулъыр - Индиэ океаным иӀуфэмкӀэ щыӀа Сомалим къыщыкӀэдзауэ къуэкӀыпӀэ Мозамбикым нэгъунэ.
- Псыхъурей зэхуакур - Руанда, Бурунди, КДР, Угандэм икъуэхьапӀэмрэ ипшъэмрэ, Танзаниэм ишъхъэрэ-къуэхьапӀэр.
КъуэкӀыпӀэ Африкэ ТЛъХ-м лъэпкъ дэсым янэхъыбэр банту бзэхэмкӀэ псалъэхэм ящыщ (кикуйу, акамба, меру, лухия, джагга, бемба, ниямвези, сукума, шамбала, зарамо, гого, хехе, бена, кинга, фипа, яо, малави, макуа, маконде, нгони пэмыкӀхэр джоуэ) абыхэм щымыхъукӀэ нилоту хъуари, абыхэм пэмыкӀыу лъэпкъ нил-сахара бзэхэмкӀэ псалъэхэри (берта, кома, гумуз, кунама, кулияк, тумтум, кадугли, кронго джоуэхэ). Кушит бзэхэм ящыщ эфиопхэр (ираку, горова, бурунги) капхэр (дахало, сандаве, хадза). Псыхъурей зэхуакум дэсхэр банту бзэхэмкӀэ псалъэ лъэпкъхэр - руанда, рунди, ганда, сога, ниоро, ниянколе, торо пэмыкӀхэм джоуэ. Хы Ӏуфэм Ӏусхэр суахили лъэпкъхэр (коморхэмрэ миджикендахэмрэ).
Я лъэжьыгъэхэр нэхъыбэм банту лъэпкъхэм шӀыгум, къэкӀыгъэхэм теухуахэ, нилот лъэпкъхэм былым зехуэным.
Хы Ӏуфэм Ӏус лъэпкъхэмрэ хы тӀыгухэм щыпсохэмрэ я хабзэ шэнхэр зэрзэфӀэувар мыслъымэн лъэпкъхэм япылъурэ Азиэм къыкӀахэм (Аравиэм, Оманым, Персым, Индиэм), банту бзэмкӀэ псалъэ лъэпкъхэмрэ. VII-X лъэхъэнэхэм зэфӀэува Суахил цивилизациэр КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум щэхуэнымкӀэ пылъурэ икъэру къыиту, нэхъ лъэш щыхъуар XIV лъэхъэнэм. Суахилхэр бжъэжъей ешъэнымрэ хы псэушъхьахэм яшъэкӀуэнымрэ пылъхэт, нэлмэс хым къыхахт абы шъхьакӀэ хы зекӀуэмрэ, кхъухь шъынымрэ фӀыуэ зэфӀэувауэ щытт.
Псыхъурей зэхуакур африкэ къэралыгъуэм изы шӀыналъу щыт, адрей къэралхэмрэ лъэныкъуэхэмрэ хуэду хамэ хабзэхэр хэмыхьауэ, шӀыпӀэ "зэхуэшъауэ" зэрщытам шъхьакӀэ. Еуропэ лъэпкъхэм я хабзэхэр а лъэныкъуэм щынэсар, хыхьу щыкӀадзар XIX лъэхъэнэм иныкъуэм идежь. Лъэпкъ дэсахэр щыуэ бгуэч хъуну зэрзэшъхьащыкӀхэр я аплъэпкъымкӀэ, лэжьыгъэмкӀэ, ӀанатӀэ яӀамкӀэ ауэ зы бзэмкӀэ псалъэху. ӀанатӀэмкӀэ нэхъ лъэшу щытахэр лъэпкъ тутси (Руандэмрэ Бурундимрэ), иэ бахима (Ипшъэ Угандэм шыпсоу лъэпкъхэр) - былым зехуэ уэркъ, былым бжыгъэхэр зэраху, шӀыгу нэхъыфӀхэр яӀыгът, аплъэпкъкӀэ эфиоп лъэпкъхэм нэхъ яхьчу, лъагэфӀху: дунем нэхъ лъэпкъ лъагэхэ икӀи нэхъ лъэпкъ гъуру щытхэ. Абыхэм яужу иту кӀуэхэр хуту лъэпкъ - негр лъэпкъ псом яхуэдэху батутсихэм "яуэ" щытахэ, былымрэ шӀыгумрэ къаӀыраху, абым иуасэпкӀэ яту. Псом нэхъ лӀахуэу щытахэр пигмей лъэпкъ тва, шакӀуэ-лъэпкъ, пщылӀу щытахэ (тутсихэмрэ хутухэмрэ яхуэду).
Мадагаскар хы тӀыгу ТЛъХ
зэгъэзэхуэжынШӀыпӀэр: Мадагаскар, Сейшел хы тӀыгухэр, Маврикий, Реиунион.
Щыпсохэр малагасийхэр (Мадагаскарым) креолхэр (маврикийхэ, реиунионхэр, сейшелхэр), абыхэм пэмыкӀыу Ипшъэ Азиэм къыкӀахэмкӀэ (индоарий бзэхэмкӀэ дравидий бзэхэмкӀэ псалъэхэр) макӀыу Хъутэйхэр, малайхэр, хьарыпхэр щопсоу.
Лэжьыгъэ зыпылъхэр былым зехуэнымрэ губгъуэ елэжьынымрэ. Малагасийхэм яэ шъэныгъэ хабзэм куэд ипшъээ азиэм къыхэкӀауэ хэлъ (къэмылымкӀэ чэкӀэ уэуэ, кхъухьхэр зэрашъыр, прундж гъэкӀыныр, тут хьамблу зечэныр, данэ мыда щыгъын зехьаныр).
Расахэр
зэгъэзэхуэжынИшъхъэрэ Африкэ лъэныкъуэм ис лъэпкъхэр индо-хы курыт лъэпкъым ящыщхэ.
Тролик Африкэм илъэпкъдыдэхэм ящыщхэр негро расашхуэм щыщ (лъэпкъ цӀыкӀуху зэхокӀхэ: негру, африкэ курыту (пигмейхэр), капо (бушменхэмрэ готтентотхэмрэ). Еуропейхэм нэхъ ягъунэгъу, здызэхэхьахэм Ишъхъэрэ Африкэм, Аравиэм (хы курыт раса иэ ипшъэеуропэ раса) лъэпкъытӀу зэфӀэува - фулберэ эфиопрэ. Нэхъ раса зэхэпхъам ящыщыр, негр лъэпкъымрэ монгол лъэпкъ зэхэлъу, абы пэмыкӀыу ипшъэеуропэ лъэпкъхэри хэту малагасийхэра.