Биологиэ систематикэ — шъэныгъэм пылъ гъэсэныгъэ, мыхьэну зезыхьэр организымхэм классификациэ зэхэгъэкӀыгъэ языт. Классификациэм къыригъэкӀыр системэм организым кӀуэдахэри, дунем тетхэри ятепсэлъыхьауэ хэгъувэным.

Систематикэм и тхыдэр

зэгъэзэхуэжын

Япэреуэ тхыдэм хэшъыкӀыгъуэ зиӀэр, систематикэм пылъауэ лъэжьыгъэ езгъэкӀуэкӀахэр Гептадор, абым яуж Аристотелымрэ абы и гъэса Теофрастымрэ, псэ зыӀуту хъуар я гурыӀуэгъуэхэмкӀэ зэгъэзэхуэгъуэ шъэныгъэм иратаху. Абыхэм организымхэм системэ фӀыуэ зэгъазэхуамкӀэ зэхагъэкӀахэ. КъэкӀыгъэхэржыгхэмрэ удзхэмрэкӀэ зэхагъэкӀахэт, псэушъхьэхэр — гупитӀ лъышӀыӀэхэр лъыхуабэхэр джоуэ зэхагъэкӀахэ. Апхуэду системэр къежьа, дунем и зэгъэзэхуэгъуэ щыӀэр зыгъэлъагъуэр.

ЗекӀуэшхуэхэм я зэманыгъуэм, шъэныгъэ хулъхугъэхэм нэхъыбу амал ягъуэта, я хэшъыкӀыгъухэр дуней зэхэтыкӀэмкӀэ хагъэхъуэну. XVIXVII лъэхъэнэхэм хуабжу дуней зэхэтыкӀэм и зэгъэшъэным похьэхэ цӀыхухэр.

1735 гъэм Карл Линнейм тхылъ «Systema naturae». Абым дунем тет псэ зыӀуту хъуар «лъэпкъыгъуищкӀэ» зэхигъэкӀахэ: минералхэр, къэкӀыгъэхэр, псэушъхьэхэр джоуэ. Абым пэмыкӀыу Линнейм рангиплӀ къигъэшъхьэпа: классхэр, зэхэдзыгъэ, лъэпкъхэр, лӀэужъыгъуэхэр джоуэ.

Классификациэм и зэхъуэкӀыгъэм и тхыдэр

зэгъэзэхуэжын
Линней (1735)
ЛъэпкъыгъуитӀ
Геккел (1894)
Лъэпкъыгъуищ
Копеланд (1938)
ЛъэпкъыгъуиплӀ
Уиттекер (1969)
Лъэпкъыгъуитху
Уоезе (1977)
Лъэпкъыгъуих
Уоезе (1990)
Доминионищ
Кавалие-Смит (1998)
ИмпериэитӀ
Лъэпкъыгъуибл
Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Эукариэхэр Эукариэхэр Псэушъхьэхэр
Пхъыщхьэмыщхьэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр
Протистхэр Ӏэргъэбэгухэр Ӏэргъэбэгухэр Ӏэргъэбэгухэр
Протистхэр Протистхэр Хромистахэр
Зэгъэзэхуэгъэншэ Протистхэр Протозоа
Прокариотхэр Прокариотхэр Архейхэр Архейхэр Прокариотхэр Бактериэхэр
Бактериэхэр Бактериэхэр

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын