ГуэхупӀэ Ӏуфэ
ГуэхупӀэ Ӏуфэ — хым (е дэтхэнэ псылъэми) и Ӏуфэ, зэуэ джабэм и лъэгагъыр хым нэс метрэ бжыгъэкӀэ здехуэх. Мыдрей Ӏуфэ тӀэкӀуурэ хым и лъэгагъым нэс еххэм елътауэ, гуэхупӀэ Ӏуфэхэм тафэ яӀэкъым, абыхэм я щӀагъым деж занщӀэу хым щыщӀедзэ. ГуэхупӀэ Ӏуфэ нэхъ хэгъэщауэ зиӀэр фиордхэращ, абыхэм я джабэхэр псым къащыщхьэщыт къохъу 1 000 метрэкӀэ.
Иджырей зэманым гуэхупӀэм и лъэгагъыр мыинмэ, цӀыху куэдым яфӀэфӀщ абыхэм къелъэурэ загъэпскӀын. А къелъэхэр нэхъ экстремал дэхьэхыгъуэхэм хабжэр.