КъишынджэдыкӀэм къуалэбзур ятесу игъэхуабэурэ шыр къырашынырщ. Абы папщӀэу хуэбагъэу градус 35-39-мрэ нэс яӀыгъыпхъэщ.

Ӏуохум щхьопэ къуалэбзу лӀэужьыгъуэхэм я нэхъыбэр щыгъуэлъхьэжькӀэ къуртыбгъэ зэрыхъур, е абгъуэц къазэрыхэкӀыр. Къишыным щызэдыхэт щыӀэщ анэхэри хъухэри. Анэхэр и нэхъыбэм теплъэкӀэ зэщхь псэущхьэшх лӀэужьыгъуэхэращ. Анэм нэмыщӀ джэдыкӀэхэм темытӀысхьэ щыӀэщ, къапщтэмэ, бзудэгухэр, мэзджэдхэр, бабыщхэр. Мысырымрэ Хъутеймрэ илъэс 2, 500-кӀэ узэӀэбэкӀыжмэ ӀэрыщӀу джэджьей къращыфу щытащ. Ауэ абы зыщиубгъуар е 20-нэ лӀэущӀыгъуэм и пэублэщ, щӀэныгъэм, техникэм зыужьыныгъэ ин щагъуэтам нэужь. Иджы джэдхъуныгъэ станциэхэм унэ джэдкъаз лӀэужьыгъуэ псоми — джэдхэм, шылэджэдхэм, гуэгушхэм, бабыщхэм, къазхэм я джэдыкӀэхэр куэду къраш. Унагъуэхэм, уеблэмэ, електролампӀ зыхэт «къурт» ӀэрыщӀхэр хуэӀэзэу къагъэщхьэпэ.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.