Къэзэнокъуэ Жэбагъы
Къэзэнокъуэ Жэбагъы (1684 — 1750) — Адыгэ Хабзэм куэд хэзылъхьа, и губзыгъагъэм и хъыбар Къэбэрдей пщыгъуэм икӀауэ, щӀыпӀэ бжъыгъэхэм къаӀуэхут, Хьэтохъущокъуэ Кургъокъуэ и щауэгъусэт, Къанжал зауэм хэтащ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы | |
И лэжьыгъэр: | Пщы-чэнджэшэгъу ХеящӀэ |
Къыщыхъуар: | 1684 |
Къыздэхъуар: | Къэзэныкъуэй (Къэбэрдей пщыгъуэ) |
Дунейм щехыжар: | 1750 |
Дунейм здехыжар: | Къэбэрдей пщыгъуэ |
Къэрал зыщыщтэр: | Къэбэрдэй Пщыгъуэ |
Диныр: | Ислъам |
Лъэпкъыр: | Aдыгэ |
Адыгэ ӀуэрыӀуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, адыгэхэм къадогъуэгурыкӀуэ а хъыбархэр, нобэр къыздэсми яӀуатэр. Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхимынатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр гъащӀэ кӀыхь хъунтэкъым. И цӀэр щӀэблэм щӀащымыгъупщэн фӀыщӀэ щиӀэщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и тхыдэм, аращ и цӀэри и хъыбархэри уахътыншэ щӀэхъуар.
Гъашъэтхыдэр
зэгъэзэхуэжынБахъсэн псыхъуэм, Зеикъуэ къуажэм и лъэныкъуэм деж, иджыпсту КъэзэныкъуэйкӀэ щӀыпӀэ зэджэм — 1684 гъэм, Къэзэнокъуэ Жэбагъы къэхъуащ. Унагъуэ къызхэкӀам и хъыбар къынэсакъым ди зэманым, ауэ и гъашътхыдэм щыщ къэӀуэтыгъуэхэр къэнащ.
Илъэс 25 ирикъуауэ хеящӀу (лъэпкъым хах къадыуэ щыта, ауэ къадым мыслъымэн хабзэкӀэ зэпэубыдыгъуэхэр зэфӀигъэкӀтэмэ, хеящӀэр адыгэ хабзэм тетырт) техьа хъуащ, и губзыгъагъэмкӀэрэ и псалъэмкӀэрэ зэпыубыдыгъуэ бжэным теухуар зэфӀигъэкӀауэ.
Дунейм тетыху, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыщӀэкъуар Къэбэрдейм и Ӏуэху зэрыдэкӀынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цӀыхум я псэукӀэр егъэфӀэкӀуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкӀэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщӀэ иӀэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цӀыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакӀуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фӀыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищӀыжауэ. А къалэныр хузэфӀэмыкӀамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цӀэмрэ и хъыбархэмрэ нобэ къэсынтэкъым.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр езыр-езырурэ къежьащ, ахэр зыми зэхилъхьакъым икӀи къигупсысакъым: лӀы Ӏущым далъагъу ӀуэхущӀафэхэр зэхуаӀуэтэжурэ жылэм хэӀуэри ӀуэрыӀуатэ лӀэужьыгъуэ хъуащ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щӀаӀуатэр Къэбэрдейм и закъуэкъым, абыхэм ущрохьэлӀэ Шэрджэсми Адыгейми; Къэзэнокъуэм и цӀи и хъыбархэри ящӀэ ди гъунэгъу лъэпкъхэми.
Псалъэ пэж куэд къызэринэкӀащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы, абыхэм нобэр къыздэсым Жэбагъы и псалъэкӀэ йоджэ. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкӀа псалъэ Ӏущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкӀуэ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы 1750 гъэм дунейм ехыжа, и акъылрэ и ӀуэхущӀафэкӀэ цӀэрыӀуэ дыдэ хъуауэ.
КъыщӀэна псалъэжьхэм ящыщ
зэгъэзэхуэжын- «Губзыгъэм и лъапсэр чэнджэщщ»
- «Бзаджэр пэшэгъу фымыщӀ, мыгъуэ фыхъунщ»
- «Бжьыхьэр къуэлейщ»
- «ГъащӀэр зы напӀэщ, напэ уимыӀэу улӀэжмэ, улӀэпащ.»
- «Дахэм къимыхьыр Ӏейм къихьыркъым»
- «Къэбублэ хабзэщ»
- «Чэнджащэр щыуэркъым»
- «Ӏэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ»
ТехьэпэӀхэр
зэгъэзэхуэжын- Бгъэжьнокъуэ Барысбий «Къэнжал зауэ»
- Адыгэ Хэку
- Къэбэрдей-Балъкъэр «Адыгэ лъэпкъэгъум бзылъхугъэм и пӀэр»
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |