Мухьэррам
Ислъам махуэгъэпс |
---|
|
Мухьэррам (хьэр-бз. محرّم) — муслъымэн махуэгъэпсым и япэ мазэ. Пэубыда мазиплӀым ящыщ зы мазэ.
Мазэм и лъапӀагъыр ялъытауэ щтащ бехъымбар Ибрахьим, щыпсэуа зэманхэм щыгъуэ, абы иужь Мэчэ дэс хьэрыпхэми а мазэм и лъэпӀагъыр пэжыу ябжыу щытащ Муслъымэн диныр къемыжьэ щӀыкӀэ. Мы пэубыдэ мазэм, хьэрып джэурхэр куэдрэ зэзауэхэми, мазэр къихьа иужь я зауэӀуэхухэр къагъэнэнхэу хуейт.
Мухьэррам мазэм муслъымхэм ягъэзащӀахэм ящыщщ:
- Мухьэррам нэщӀ.
- АшрыӀ.
- Шитхэм я хьэдагъэ махуэ, цӀыху лъапӀэу ялъытэ Хъусейн ибн Алий зэраукӀам теухуауэ.
ЗэрыжаӀыжымкӀэ Мухьэмэд Бехъымбарым (с.а.у.) жиӀауэ щтащ — НэщӀ мазэм иуж, нэхъ берычэту ущынэщӀ хъуну мазэу щытыр, Аллыхьым и мазэшхуэ мухьэррамырауэ.
Мазэм къэхъуахэр
зэгъэзэхуэжынЯпэ махуэ
зэгъэзэхуэжын- ХьэжрэтымкӀэ ИлъэсыщӀэ.
ЕпщӀанэ махуэ (АшрыӀ)
зэгъэзэхуэжынИслъам диным зэрабжымкӀэ мухьэррам мазэм и епщӀанэ махуэм къалъхуахэу щтащ бехъымбар лъапӀэхэу Ӏэдэмрэ Ибрахьимрэ. Мухьэррам мазэм и епщӀанэ махуэращ дунейр къутэжыну щабжыри.
- Нухь и кхъухьыр, Джуди бгым деж Шухьауэ щтащ.
- Бехъымбар Ибрахьим мафӀэм хадзар къелауэ щтащ.
- Бехъымбар Якъуб илъэс куэд дэкӀа иуж и къуэ Йусуф хуэзэжауэ щтащ.
- Аллыхьым къригъэлауэ щтащ бехъымбар Мусарэ Исраелым и бынхэмрэ, мысыр фараоным и дзэр къащыкӀэлъыжэм.
- Мухьэмэд Бехъымбар и къуэрылъху Хъусейн ибн Алий яукӀауэ щтащ.
16-нэ махуэ
зэгъэзэхуэжын17-нэ махуэ
зэгъэзэхуэжын- Эфиоп чылыстэнхэм я дзэшхуэ, Меккэ бгъуэдэхьахэу щтащ.
Махуэгъэпс
зэгъэзэхуэжынИслъам махуэгъэпс | Япэ махуэр | Иуж махуэр |
---|---|---|
1431 | Дыгъэгъазэм и 18, 2009 гъэ | ЩӀыщылэм и 15, 2010 гъэ |
1432 | Дыгъэгагъазэм и 7, 2010 гъэ | ЩӀыщылэм и 4, 2011 гъэ |
1433 | ЩакӀуэгъуэм и 26, 2011 гъэ | Дыгъэгъазэм и 25, 2011 гъэ |
1434 | ЩакӀуэгъуэм и 15, 2012 гъэ | Дыгъэгъазэм и 13, 2012 гъэ |
1435 | ЩакӀуэгъуэм и 4, 2013 гъэ | Дыгъэгъазэм и 3, 2013 гъэ |
1436 | Жэпуэгъуэм и 25, 2014 гъэ | ЩакӀуэгъуэм и 22, 2014 гъэ |
1437 | Жэпуэгъуэм и 14, 2015 гъэ | ЩакӀуэгъуэм и 12, 2015 гъэ |
Мухьэррам мазэр 2010-2015 гъэхэм |