Мыстафэ Кэмал Ататурк (тыр-бз. Mustafa Kemal Atatürk, 1881 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10) - тырку цӀэрыӀуэ политикист, Тыркум и япэрей президент.

Гази маршал
Мыстафэ Кэмал Ататурк
Пащэ
Гази маршал Мыстафэ Кэмал Ататурк Пащэ
Нып
Нып
Тыркум и япэрей президент
1923 джэпуэгъуэм и 29 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10
Япэ итар: япэрей президент;
Уэсмэн империэ, сулътӀан Мэхьмэд VI
Яуж ихьэр: Исмет Инёню
 
Диныр: Агностик[1][2] е Ислъам[3][4][5]
Адэр: Али Рыза-эфенди
Анэр: Зубейдэ хъанум
Быныр: ипыну къыштауэ нэрыбгий
 
ӀэпэкӀэдзыр: ӀэпэкӀэдзыр

Гъашъэтхыдэр

зэгъэзэхуэжын

Мыстафэр 1881 гъэм къэхъуа къалэ Салониким (иджырей Алыджым, а зэманым Уэсмэн империэм хэтам). Саби джану щытт, шэн бзаджэ иӀу, и ныбджэгъухэм ядэкӀыгъуным нэхърэ изакъу зэманыр игъэкӀуэн ифӀэфӀт. И анэр хуэбжу мыслымэн диным пылъти Къурӏаным иригъэджэну и къуэр пылът, ядэрамэ зэманыгъуэм теухуа шъэныгъэхэм еджэну икъэр пылът. Зым къыхуэмыкӀу янэ-ядэр Мыстафэ япэреуэ мыслымэн еджэщым кӀохьэ, здэпсоуа хьэблэм щыӀам яужым и адэм езым зыпылъ еджэщым егъакӀуэр Шемси-эфендим, абдежьым и япэрей егъэджэныр Мыстафэм къеухыр.

1905 гъэм Мыстафэ дзэм къулыкъу ехьын кӀедзэ, а зэманыгъуэм идежь шъэху-гуп зэхегъэхьэ дзэм хэт коррупциэм пэщытыну. 1913 гъэм дзэм и атташе мэхъур Софиам. Япэрей дунейпсо зауэм щыгъуэ бэлыхьу тыркудзэм и дзэзэчу тета Чанаккалем идежь зауэ екӀуэкӀам. 1915 гъэм инджылыз-фрэнджыдзэхэр Арыбуруным дежь къигъэувыӀа яуж Мыстафэр полковник ӀэнатӀэгъуэ ирата. Яужым текӀуэныгъэ бжыгъэ къихьа а зауэм.

Зауэр иуха яуж 1918 гъэм Мыстафэ Истанбыл игъэзэжьа, абдежьым хъумэным и министериэм лэжьэн кӀидза. Уэсмэн империэм апкӀэнтӀэху и дзэр зэхигъэкӀыу и Ӏэшэр итын хуэй хъуа зауэ нэужым. Мыстафэм инспекциэ иригъэкӀуэкӀыу 1919 накъыгъэм и 19 Самсун дохьэр. 1919 мэкъуауэгъуэм и 22 тхылъ къеӀохур: «Джылэм и хуитыныгъэр зыхъумэфынур езы джылэра, абым хуеуэ, пылъу щытмэ», абым пэмыкӀыу депутат зэхечэсыр "Сивас хасэм". 1919 дыгъэгъазэм и 27 Мыстафэ Кэмалыр Анкарам и джылэхэм хуэбжу къырагъэблагъэ, (Истанбыл инджылызхэм я оккупациэм хэта яуж, парламентыр зэбгырахуат 1920 гъатхэпэм и 16) езым и парламент абдежьым зэхегъэхьэ - Тыркум и Лъэпкъ Хасэшхуэ. Езы Мыстафэр парламентым и тхьэмаду хахыр, ӀэнатӀэгъуэхасэми и нэхъышъхьу.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын


  1. Reşat Kasaba, "Atatürk", The Cambridge history of Turkey: Volume 4: Turkey in the Modern World, Cambridge University Press, 2008; ISBN 978-0-521-62096-3 p. 163
  2. Political Islam in Turkey by Gareth Jenkins, Palgrave Macmillan, 2008, p. 84; ISBN 0230612458
  3. Ethem Ruhi Fığlalı (1993) "Atatürk and the Religion of Islam" Atatürk Araştırma Merkezi Dergisi, Sayı 26, Cilt: IX.
  4. Prof. Utkan Kocatürk, Atatürk'ün Fikir ve Düşünceleri (Atatürk ve Din Eğitimi, A. Gürtaş, p. 26), Atatürk Research Center, 2007; ISBN 9789751611741
  5. Prof. Ethem Ruhi Fığlalı, "Atatürk'ün Din ve Laiklik Anlayışı", Atatürk Research Center, 2012; ISBN 978-975-16-2490-1, p. 86