ПсыӀэрышэ
ПсыӀэрышэ — ӀэрыщӀу ящӀа псы артериэ, хы марштрутхэр хагъэщӀын щхьа ерэ псым и кӀуэкӀэр яхъуэжын щхьа яухуауэ.
ПсыӀэрышэхэр зэрызэхадзхэр
зэгъэзэхуэжынПсыӀэрышэхэр къызэрагъэсэбэпхэм елътауэ, ахэр зэхадзхэр.
Ижьыжь лъандэрэ хадэхэкӀхэм щхьа мелиарациэ псыӀэрышэхэр ящӀ, ар аткӀэ еугуэш ирригционэкӀэрэ (псыӀэ щӀын) дренажнэкӀэрэ (гъэгъушын). Ирригационнэ ПсыӀэрышэхэр псыхэр гъушыпӀэ щӀыпӀэхэм яшэ, дренажнэ псыӀэрышэхэр псыӀэ здэкуэд щӀыпӀэхэм псыр ираш.
Псышэ псыӀэрышэхэр цӀыху гъушыпӀэ щӀыпӀэхэм щыпсэухуам псы ирафыныр иррагъакӀуэр.
Энергетикэ псыӀэрышэхэрмкӀэ псым ежэххэм псы къыхашри, ГЭС-хэм хуашэхэр.
Кхъухь зекӀуэпӀэ псыӀэрышэхэр — псы къабзэкӀэрэ шуугъэкӀэрэ еугуэш. Абыхэм псыхэр, псыхъурейхэр, хыхэр е хышхуэхэр зэпащӀэхэр икӀи абыхэм кхъухьжьей цӀыкӀум щыщӀэдзауэ кхъухьшхуэхэм нэс къыщакӀухьыфын хуэдэу ящӀ.
Хыхэмрэ хышхуэхэмрэ зэпызыщӀ псыӀэрышэхэр яугуэш ӀухакӀэрэ шлузэкӀэрэ.
Ӏуха псыӀэрышэхэм зэпащӀэ псылъитӀ зи уровен зэхуэдэхэр. Апхудэ псыӀэрышэхэщ псалъэм папщӀэ Суец е Коринф псыӀэрышэхэр.
Шлузэ псыӀэрышэхэм зэпащӀэ псылъитӀ зи уровен зэхуэмыдэхэр. Апхудэ псыӀэрышэхэм нэхъ цӀэрыӀуэхэщ Панамэ псыӀэрышэмрэ Кил псыӀэрышэмрэ.
Псыхэр зэпызыщӀЭ псыӀэрышэхэр яугуэш — транзитнэкӀэ (псылъэ куэд зэпыщӀэ), псы угуэшкӀэ (пситӀым я бассейнхэр зэпещӀэ), зэпызыщӀэхэкӀэ (псыхэр ину зызужа центрхэм хуашэ), къыракӀуэкӀкӀэрэ (псыгъхэр ерэ быркъуэшыкъуэ пӀэхэр къыракӀухьэкӀ).
ПсыӀэрышэхэм я щытыкӀэхэр
зэгъэзэхуэжынПсыӀэрышэхэм я формэхэр зэмылӀэужыгъуэ Ӏэджэуи щытынкӀэ хъунущ. Ауэ иджы ящӀ псыӀэрышэхэм нэхъ къагъэсэбэпыр трапециэ е полиогонал щытыкӀэхэр, кхъухьхэр нэхъ тыншу щызекӀуэнхэ щхьа. Абыхэм нэмыщӀ псыӀэрышэхэр щащӀкӀэ нэхъ къагъэсэбэпхэм ящыщхэщ плӀимэ, ныкъуэхъурей, параболэ формэхэр.
Трапециэ псыӀэрышэ | Полигонал псыӀэрышэ | ПлӀимэ псыӀэрышэ | Ныкъуэ хъурей псыӀэрышэ |
---|---|---|---|
ПсыӀэрышэхэм тращӀыхьхэр
зэгъэзэхуэжынПсыӀэрышэхэр щащӀкӀэ абыхэм ахэр нэхъыфӀу ягъэлэжьэн щхьа тещӀыхьыгъуэ куэд тращӀыхь. А тращӀыхьхэр гупищкӀэ бгуэш хъунущ.
- псыр зезыгъакӀуэ тещӀыхьыгъуэхэ
- зыпызыщӀэ тещӀыхьыгъуэхэ
- псыӀэрышэхэм я щытыкӀэр згъэтэтэрэз тещӀыхьыгъуэхэ.
-
ГъущӀ бетонкӀэ ящӀа лоток (къ. Бакли, штат Уашингтон, АШЗ)
-
Акуедук Курыт Джэрмэн псыӀэрышэ
-
Джэрмэным и зыщӀэзыщэ станциэ. 1880 гъэ.
-
Лондон и зы псыӀэрышэм и дэкӀуеяпӀэ ехуэх.
-
Кеннет — Ӏейвон псыӀэрышэ тет шлуз системэ
-
Кхъухьхэр зыӀэт Ӏэмэпсымэ ухуа (къ. Андертон, Инджылы)
-
Фолкер шархъ — дунейм япэ ящӀа кӀырахъуэ кхъухь къэӀэт (Шотлэнд)
-
Акуедук Понткисиллтэ, цӀыхузекӀуэ гъуэгу иӀэу псыӀэрышэ Ллонголлен (Уелс)
ПсыӀэрышэхэр искусствэм къызэрыхагъэшахэр
зэгъэзэхуэжынПсыӀэрышэхэр ижь лъандэрэ къызэрагъэсэбэпым щхьа, искусствэм абы епхауэ сурэт ящӀа куэд щыӀэщ.
-
Жан-Пьер-Франсуа Ламориньер. «ПсыӀэрышэм деж». XIX век.
-
Иохан Хендрик Вейсенбрух. «Рейсвейк и кхъухь зекӀуэ псыӀэрышэ». 1868 гъэ.
-
Гейсбрехт Лейтенс. «ЩӀымахуэ пейзаж». 1620-1640.
-
Джеймс Данкен. «Лашинэ псыӀэрышэ». 1850 гъэ.
Литературэ
зэгъэзэхуэжын- Гришин М. М. «Гидротехнические сооружения» — Тхылъ, ӀыхьитӀ мэхъу, 1979 гъ.
ПсыӀэрышэ Уикисурэтылъэм? |