Уикисурэтылъэ (ин-бз. Wikimedia Commons) — сурэтхэм, макъамэхэм, видеуэхэм икӀи мыдрей мултимедиэ файлхэм щхьа гупу зэхуэхьэса виртуал ду. Ар Уикимедиэ Фондым и зы нэпэкӀуэцӀ проектщ, хуиту сытхуэдэ медиэ файл илъри къебгъэкӀуэкӀыу, пхъуэжу иджыри сытхуэдэ щӀыкӀэкӀи къэбгъэсэбэпыну ухуиту.

Уикисурэтылъэм и логотип

Уикипедиэми мыдрей Уикимедиэм и Фондыми исхэм хуагъэфащэр, хуиту къралъхьэну зыхуей медиэ файлу хъуар занщӀэу Уикисурэтылъэм иралъхьэну, мыдрей бзэ проектхэми а файлхэр кагъэсэбэпыфын щхьа.

Уикисурэтылъэм иплъхьэ сурэту хъуар хуитхэу щытын хуейщ, унафэ зэтеухуахэм зыкӀи яшхэмыуэу. Сурэт щхьэхуимыт ерэ унафэм пэрыуэр Уикисурэтылъэм ирагъэлъкъым. Уи сурэт уи видеуэ ерэ энциклопедиэ пщӀэ зимыӀэ файлхэр Уикисурэтылъхьэм иралъхьэкъым. Уикисурэтылъэм файл иплъхьэу хъуар хуиту хэти къызэригъэсэбэп хъунур бдэн хуейщ.

 
Уикисурэтылъэм илъ файлхэр зэрыхэхъуар

Иджыпсту (2014 и нэкъыгъэ пэщӀэдзапӀэ) Уикисурэтылъэм 21 миллуаным щӀигъу файл илъщ. 2013 гъэм Уикисурэтылъэм махуэ къэс 10 000 файлу къралъхьэт.

ГъэкӀэ сурэт хахахэр

зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын