Цин Шихуан

Цин пэштыхьейм и тхьэмадэ, Пэштыхьей зэзауэхэм я зэманыгъуэр зэпызудар

Цин Шихуанди (хъут.-бз. 秦始皇帝, и цӀэдыдэр Ин Чжен хъут.-бз. 嬴政; 259 — 210 гъэхэм ди лъэхъэнэм япэ) — Цин пэштыхьейм и тхьэмадэ, Пэштыхьей зэзауэхэм я зэманыгъуэр зэпызудар. Пэштыхь лъэпкъ Цин къыригъэжьатэр, и унафэкӀэ Хъутейм илъэс минипшъкӀэ тетын хуеяр, илъэс зытӀущ текӀауэ дунем ехыжьа яуж трахужьа.

Цин Шихуанди
秦始皇帝
Цин Шихуанди
Хъутей зэгъуэтым и пэштыхь
246 гъэ д. лъ. ипэ — 210 гъэ д. лъ. ипэ
Яуж ихьэр: Эршин Хуан
 
Адэр: Чхуан Санван

Гъашъэ тхыдэр

зэгъэзэхуэжын

259 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм къэхъуа, къалэ Ханданым (Чжао хэкум), абдем и адэ Чжуан Санваныр Ӏэрубыду яӀыгът. Къыщыхъуам цӀэуэ траӀуар Чжен («япэрей»). И анэр унэӀуту щыта лъакъуэлъэш Луй Бувэир абым пылъу. А лъакъуэлъэшым и ӀэшъагъэкӀэ Чженыр пэштыхьу зэрытехьар, псалъи къызыхэкӀар арат Луй Бувейр абым и адэдыду щыту.

Чжен илъэс 13 ирикъуауэ Цин пэштыхьеим и тхьэмаду щытехьам, Хъутеим ар и хэку нэхъ лъэшдыду щытт. Хъутейр зы къэралу зэхэхьэным хуэкӀуэт Цин лъэпкъыр шъхьэщыту.

238 гъэм нэс Чженыр сабиуэ къалъытэт, къэралым и Ӏоху хъуар зэзыхуэтэр Луй Бувэй, япэрей министру щыттэр.

Илъэс 22 щырикъум Луй Бувэйр хэкум ирихуа и ӀэнатӀэм къетӀасхъу игугъу.

Адрей илъэс къакӀуэхэм зыр зым яуж итурэ къэралиху хъуари иубыда, а зэманым Хъутеир зэрзэхэкӀтэхэр. Илъэс 39 щырикъуам Чжен Хъутейпсор зы къэрал ишъри пэштыхьыцӀэ Цин Шихуан къишта.