ФӀохъус! СынолъэӀу, пхузэфӀэкӀыу щытмэ, тхыгъэхэр е щӀапхъэхэр щыпщӀым деж, урыс псалъэхэр хумыгъыхьэ, псалъэм папщӀэ: "Ислъам мэкъамэ" (зыдогъэзахуэ псалъэхэр, япэреуэ - адыгэбзэм "ислъам" псалъэ диным щхьэкӀэ иӀэкъым, жаӀэр "мыслымэн", яужырей илъэсым къежьа "модэр" ди бзэм екӀу щыткъым! ЕтӀуанэу - макъамэр тыку псалъэ, адыгэбзэм къыхэкӀыр "пшыналъэ"). АткӀэ докӀуэри уи тхыгъэ "Ислъам календарым" дыхуэзэр (календарыр адыгэбзэкӀэ "махуэгъэпс"щ), гукъеуэ си псалъэм къыхумых, дияпэкӀэ тӀэкӀу нэхъ хуэсакъу тхэ. Узыншу къанэ! Богупс (talk) 18:56, 28 Бадзэуэгъуэм и 2014 (MSK)

Салам аллейкум! Къуаншагъэу къысхуэпхьыр къызгуроIурэр, ауэ календарым теухуауэ сызэрыбгъэкъуаншэращ пэжу слъытэр. АдыгэбзэкIэ календарым цIэ зэриIэр сщIэт, ауэ и цIэ дыдэр къысхуэщIэжтэкъыми зэкIэ апхуэдэу тхауэрат. КъыщыдбгъэщIэжакIэ зэтхъуэкIыжынщ абы и цIэр. Ауэ мыдрей щапхъитI къысхуэпхьахэу ятеухуауэ мыращ уэсIуэтэну сызыхуейр.

Япэрауэ. Япэм щыгъуэ урысхэри диным магометанствэкIэт зэреджэу щтар. Ауэ ахэр модэм кIэлъэкIуэу нэгъуэщIуу еджэу ящIыжауэракъым, диным и цIэ дыдэм иреджэу хъужауэращ. Адыгэхэми ара дыдэщ, зыри модэм кIэлъэкIуакъым, уи фIэщ мыхъум дэтхэнэ зы КъурIэн адыгэбзэкIа тха къащти еплъ. Дэни диным Ислъам ицIэущ зэритыр. Апхуэдэу щыщытыр Мыслымэн псалъэм къикIыр «диным кIэлъыкIуэ» жиIуращ. Ислъам жиIэм хьэрыпыбзэкIэ «Аллыхьым едэIуэн», «Аллыхьым и унафэ щIэтын» жиIуращ. Зэрыплъагъущи псалъитIым къикIыр зыкъым, икIи зыри модэм кIэлъыжакъым. Абы теухуауи къуаншэгъэ къысхомыхь кхъа.

ЕтIуанэрауэ. Адыгэбзэм нэгъуэщIыбзэхэм къахэкIауэ зэрытщIэщи псалъэ куэд хэтщ. Ауэ абы щхьа адыгэбзэр нэхъ Iей хъууэракъым. Дунейм и зы дэтхэнэ бзэи апхуэдэу псалъэ куэд нэгъуэщI бзэхэм къыхахауэ щытщ. Абы щхьа а псалъэ адыгэбзэм къыхэхьахэр къэдгъэсэбэпын щыдгъэтын хуейуэракъым. Макъ е макъамэ псалъэхэр адыгэбзэм уже лъабжэ щащIауэ хэтщ, ахэр абы хэбгъэкIыжыфынукъым нэгъуэщIыбзэщ жыпIу. Абыхэм теухуауи мыпхуэдэ щапхъэхэр къыпхуэсхьыну сыхуейщ. Псалъэм папщIэ урысыбзэ псалъэ музыка, мелодия, танец сытхэр, урысыбзэм и псалъэ дыдэу щытхэкъым. Ахэр псори инджылыбзэм къыхэкIыу урысыбзэм хэхьауэращ. Ауэ урысхэм а псалъэхэр нэгъуэщIыбзэщ жаIэу зэгуэркIэ щагъэтура зыщIыпIэ къыщагъэсэбэпын? Нэхъри бжесIынщи макъ псалъэр тыркубзэракъым къызыхэкIар, тыркубзэкIэ макъ псалъэр зэбдзэкIым аз-щ къикIыр. Абы теухуауи сомыгъэкъуаншэ кхъа. Узыншэу! СыкъыбгурыIуэнкIэ согугъэ. ObaN (talk) 09:29, 29 Бадзэуэгъуэм и 2014 (MSK)

ФӀохъус! Пэсырей уэрэдыжьхэм уедэӀуа? Усэжьхэр зэхэпха? Схуэдэм деж псалъэ Илъам здыхэтыр? Пэж-пцӀыми АДЫГЭБЗЭМ зэрхэхьар диным и цӀэр Мыслымэныгъэщ!
Мэкъамэм папщӀэ - тыркуми, хьэрыпми сщӀэкъым, ауэ бзитӀым яз къызхэкӀар, сидекӀэ зэхуэдэкъэпс, мыадыгэбзэу! Дэ, ди псалъэдыдэу, иджыри тщымыгъупщэжьапэу пшыналъэ псалъэр диӀэ! Уадыгу щытмэ - къэгъэщхьэпэ, уи бзэм пщӀэ хуэщ! Псалъэ къэгупшыс жысӀэкъым, пэсырей псэлъэжь машэм къилъэф жысӀэкъым, псалъэ диӀэу тфӀэмыкӀуэда тӀэкӀур къэбгъэщхьэпэну солъаӀуэ! Уикипедиэм япэреуэ гугъэ хэлъыр бзэр хъумэныра, укъыхэхьауэ ухэлэжьыхьмэ - абым пылъ, абым тет! Ури сыкъыбгурӀуэнымкӀэ согугъэ! ФӀыкӀэ! Богупс (talk) 19:15, 5 ШыщхьэӀум и 2014 (MSK)