Шым и зэхэзекӀуэкӀэхэр
ЗэхэзекӀуэкӀэ — шыхэм я зекӀуэкӀэ-жэкӀэ.
Абыхэм къахэкӀыу щыӀэхэр: лъэбакъуэ, лъэбакъуэхъу, ущ, лъэхъу, кӀуэр, хьэмкӀэ, хьэмкӀэ теутӀыпщхьэ.
ЗэхэзекӀуэкӀэхэр тӀууэ зэхагъэкӀхэ, ахэр — зэхэзекӀуэкӀэ къабзэмрэ, цӀыхум къигупшысамрэ джоуэ.
ЗэхэзекӀуэкӀэ къабзэр
зэгъэзэхуэжынЛъэбакъуэ
зэгъэзэхуэжынЛъэбакъуэм дежь шым и лъакъуэхэр зэкӀэлъыужурэ мэбакъуэ, псалъэм папшъу: сэмэгурабгъу икӀэр — сэмэгурабгъу гупэр, ижьырабгъу икӀэр — ижьырабгъу гупэр джоуэ. ЩызекӀуэм иӀэтыр зы лъакъуэ иэ лъакъуитӀ зэдэгъусу.
Лъэбакъуэ зекӀуэкӀэм и псынкӀагъыр метритӀ зы секундэм хуэдиз. Лъэбакъуэ зэхэзекӀуэкӀэр нэхъыбэм къыздагъэшъхьэпэр хьэлъэзешэшхэм я гъэлъэгъуэнхэм дежь, къэрууэ яхэлъыр гъэлъэгъуэным, гъэпсыным шъхьэкӀэ.
Лъэбакъуэхъу
зэгъэзэхуэжынЛъэбакъуэ зекӀуэкӀэ мыхьэнэ, ауэ шыр нэхъ бгъуэуэ хэбакъукӀурэ зокӀуэ.
Лъэхъу
зэгъэзэхуэжынЛъэхъум дежь шыр бгъунжырыкӀу мэбакъуэ, зэдэгъусу зытеувэхэр: сэмэгурабгъу гупэр — ижьырабгъу икӀэр, ижьырабгъу гупэр — сэмэгурабгъу икӀэр. ЩызекӀуэм идежь лъэкъуитӀыр еӀэтыр.
Лъэхъум зэхэзекӀуэкӀыу ущи къыхокӀ зы къудаму, лъэхъу хом хуэду
Лъэхъу зекӀуэкӀэм и псынкӀагъыр метрипшъ зы секундэм хуэдиз. Къыздагъэшъхьэпэр нэхъыбэм шыгъажэхэра. ЗэхэзекӀуэкӀэм и цӀэм теухауэ шы лӀэужыгъуэ бжыгъэхэм траӀуа: орол, урыс, фрэндж, америкэ джоуэ.
КӀуэр
зэгъэзэхуэжынКӀуэр зэхэзекӀуэкӀэм шым и лъакъуит зы лъэныкъуэхэмкӀэ бакъурэ макӀуэ: сэмырабгъу гупэ — сэмырабгъу икӀэ, ижьырабгъу гупэ — ижьырабгъу икӀэ. КӀуэр лъэхъум нэхъри нэхъ псынкӀыу щыт, къушъхьэ шыхэм я зекӀуэкӀэдыдэхэм щыщу (Кърым, Къаукъаз шыхэм, америкэ лъэхъухэми джоуэ).
КӀуэр уанэ зытелъым иэ гум кӀэшъа шыхэм нэхъ тынч зекӀуэкӀыу къалъытэ.
ХьэмкӀэ
зэгъэзэхуэжынШым и нэхъпсынкӀэ зэхэзекӀуэкӀэра, и псынкӀагъыр км 80 сэхьэтым нэсыфыну. ХьэмкӀэр ижьрабгъу иэ сэмэгурабгъу лъэныкъу зэхагъэкӀыр: ижьырабгъу лъэныкъуэм дежь шыр япэ сэмэгурабгъу икӀэ лъакъуэмкӀэ мэбакъуэ, яужым ижьырабгъу икӀэмкӀэ — сэмэгурабгъу гупэмкӀэ, ижьырабгъу гупэмкӀэ, а псом яуж шым и лъакъу хъуар Ӏэтауэ щыту мэхъур, шыр гъогушъхьэм «щохуарзэ». ХьэмкӀэ ижьырабгъу (иэ сэмэгурабгъу) джоуэ кӀеджэр нэхь кӀыхьу щызекӀуэм и ижьырабгъу (иэ сэмэгурабгъу) гупэ лъакъуэр зэриукъуэдим шъхьэкӀэ.
ХьэмкӀэ теутӀыпщхьа
зэгъэзэхуэжынХьэмкӀэ зэхэзекӀуэкӀэм и зы къудаму къыхагъэкӀ, зекӀуэкӀэ нэхъ псынкӀэдыдэра. Шым и пкъыр щыжэм дежь и джабэ лъэныкъуэр егъэч, и кӀэбдзитӀыр фӀалъитӀым япэ кӀидзурэ мажэр. Езы зекӀуэкӀэр адрей псомкӀи хьэмкӀэ хуэдэ къабзу щыт.
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- ЯХУЭМЫФАЩЭУ лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Шэрджэс А. 2009 гъ.
- Черкесское наездничество — ЗекӀуэ. Марзей А.С. Налшыч. «Эльбрус». 2003 гъэ.
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |