Шы плъыфэшым и цым, фэм, нэхэм я фэр. Гъэпсыгъуэ я зэшъхьэщыкӀыгъуэмкӀэ нэхъыфӀу языту щытыр.

Нэхъышъхьэ плъыфэхэр

зэгъэзэхуэжын

Пэсырей зэманым щыкӀэдзауэ плъыфиплӀ нэхъышъхьу къалъытэхэ, ахэр:

  • Гъуабджэ
  • Гъуэзэфэзэ
  • КъуафцӀэ/Къарэ
  • ПцӀэгъуэплъ

Адрей плъыфэхэр къебжэкӀа плӀым къахэкӀху къэлъытэгъуэ яӀэ.

Зи цыр тхъуауэ щытыр. Схуэдэ плъыфэми къахэкӀыфыну, гъэ къэс я тхъугъэ хэхъурэ. ПцӀэгъуэплъу къэхъуар куэд темыкӀауэ шыкӀэ гъуабджэ хъуфыну мазэ зытӀущ текӀауэ, гъэ къэс цыпэ хужьхэм я бжыгъэр хэхъурэ. Шыр дунан (илъэсиплӀ) ныбджым и нэсыгъуэм дежь и фэр гъуэбджэху щытыфыну.

  • Гъуабджэ плъыфэхэр:

Гъуэзэфэзэ

зэгъэзэхуэжын

И кӀыфэпсор плъыжьу щыт; гъуэжьыхум щыкӀэдзауэ гъуабджэ хуэкӀыфӀым нэсу. И сокумрэ кӀапэмрэ я фэр и кӀыфэм ем шъхьэщыкӀыу щытыфыну — нэхъ хуэнэху иэ нэхъ хуэкӀыфӀу.

  • Гъуэзэфэзэ плъыфэхэр:

КъуафцӀэ иэ къарэ — фӀыцӀэ.

  • КъуафцӀэ плъыфэхэр:

ПцӀэгъуэплъ

зэгъэзэхуэжын

Шы зи кӀыфэр гъуабджу щытыр, гъуэплъым къыщыкӀэдзауэ фӀыцӀафэм нэсыфу, ауэ и сокур, лъакъуэхэр (кӀэбдз зэрытыпӀэм щыкӀэдзауэ), кӀапэр джоуэ фӀыцӀу щытхэ.

  • ПцӀэгъуэплъ плъыфэхэр:

Плъыфу хъуам къахэкӀыфынухэр

зэгъэзэхуэжын
  • ЯХУЭМЫФАЩЭУ лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Шэрджэс А. 2009 гъ.
  • Черкесское наездничество — ЗекӀуэ. Марзей А.С. Налшыч. «Эльбрус». 2003 гъэ.
  • Коневодство Кабарды. Налшыч. 1952 гъ.