Агънокъуэ Лашэ
Агънокъуэ Лашэ, Уэсмэн и къуэ (1851 - 1918[1]) — адыгэ джэгуакӀуэ цӀэрыӀуэ, уэрэдус.
Агънокъуэ Лашэ, Уэсмэн и къуэ | |
И лэжьыгъэр: | джэгуакӀуэ, уэрэдус |
Къыщыхъуар: | 1851 |
Къыздэхъуар: | Докъушыкъуей, Адыгэ Хэку |
Дунейм щехыжар: | 1918 |
Къэрал зыщыщтэр: | Адыгэ Хэку, Урыс Пащтыхьыгъуэ |
Биографиэ
зэгъэзэхуэжынАгънокъуэ Лашэ (и цӀэ дыдэр Адэлджэрий) 1851 гъ. Докъушыкъуей (иджы Старэ Шэрэдж зицӀэм) уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ.
Уэркъ жаӀэ щхьэкӀэ, мылъку зимыӀэж, къэрэхьэлъкъ псэукӀэм хуэкӀуэжа лъэпкъти, аращ Лашэ джэгуакӀуэм яхэхьэжын щӀэхъуар. Езым талантышхуэ иӀэу къыщӀэкӀри пщыри, уэркъри, къэрэхьэлъкъри къыдихьэхыфащ.
Нэгъуеибзэ, урысыбзэ, кӀахэбзэ ищӀэрти, Кавказ Гупэр къызэхикӀухьу щытащ, къыхуей дэтхэнэми яхуэджэгуу. Нэхъ иусу щытар ауаныщӀ уэрэд, хъуэхъу, гупсысэшхуэ зыхэлъ усэхэращ.
Гъыбзэусхэм ящыщакъым. ДжэгуакӀуэгъуу нэхъ игъусар Абазэ Къамбот, Тырку Къасбот, ШэрыӀуэжь Мыхьмуд сымэщ - щыри шыкӀэпшынауэ Ӏэзэт.
Агънокъуэр 1918 гъэм дунейм ехыжащ.
Гулъытэгъуэ
зэгъэзэхуэжынТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Агънокъуэ Лашэ (Адэлджэрий) и биографиэ Литературэ хасэ "Шыхулъагъуэ" сайт
- Агънокъуэ Лашэ и усэхэр CircassianCenter сайт
- Агънокъуэ Лашэ теухуауэ Нало Заур