Адолф Хьитлер
Мы тхыгъэр викификациэ щӀын хуэй. Зэгъэзэхуэн хуэй тхыгъэ зэгъэзэхуэн хабзэкӀэ. |
Адолф Хьитлер (джэр-бз. Adolf Hitler, 1889 мэлыжьыхьым и 20 — 1945 мэлыжьыхьым и 30) — идеологиэ национал-социализмыр къыригъэжьа, НСДАП политик партиэри, фурер Ещанэ Рейхым (1933-1945), Джэрмэным и дзэзэшэ нэхъышъхьэ ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм, агрессиэ политикэм хэта, иригъэкӀуэкӀа.
Адолф Хьитлер Adolf Hitler | ||||
Сурэт 1933 гъэм щӀа | ||||
| ||||
---|---|---|---|---|
8 шыщхьэӀум 1934 — 30 мэлыжьыхьым 1945 | ||||
Адэр: | Алоис Хьитлер | |||
Анэр: | Клара Хьитлер | |||
Быныр: | Ева Браун | |||
ӀэпэкӀэдзыр: | ||||
Биографиэр
зэгъэзэхуэжынКъалэ Браунау Инным къэхъуа (а зэманым — Аустрэ-Мэжарей) Алоис Хьитлеррэ и шъхьэгъусэ Кларэра я унагъуэм. Алоис Хьитлерым 1876 гъэм нэгъунэ унэгъуэцӀэ Шиклгрубер зэрихьэ, абы шъхьэкӀэ куэдым ар Адолф Хьитлер и унэгъуэцӀэдыду къащохъур ауэ ар апхуэду щыткъым.
Школыр къыуха яуж Венэм и арт академиэм кӀэхьэфакъым. Аустрэ-Венгрым дзэм къулыкъу имыхьыфу и узыншагъэмкӀэ Хьитлерыр джэрмэн дзэм зыхетхэ къулыкъур ихьын, абым идежь Япэрей дунейпсо зауэм хохуэ и къуэхьэпӀэ гъунапкъым. Гъунапкъым идежь пӀэ ефрейторым носыр, абы пэмыкӀыу щӀыхьитӀ къэхь: ГъушӀ джорхэр II-рэ I-рэ степенхэу.
Джэрмэныр Япэрей дунейпсо зауэм зэр темыкӀуам Хьитлер Ӏэуэ гурышхъуэ ишъыти 1919 гъэм Национал-социал лэжьакӀуэ партиэ (НСДАП) ешъыр. НСДАП-ым и мурадыр — Джэрмэн империэм къэру иӀэр зэфӀэгъувэжьын, антисемит тетыкӀэ, парламен демократиэр тегъэкӀауэ тоталитар ӀэнатӀэ щӀын — ахэр Хьитлер и автобиографым итхэт — тхылъ Си Зауэ -м (джэр-бз. Mein Kampf).
Хом хомурэ НСДАП-ым и къэрур хэхъуэн щыкӀидзэм Хьитлерым къэрал ӀэнатӀэр зауэкӀэ иубыдын гъугъэ ешъыр. 1923 гъэм, Хьитлерыр НСДАП-м и штурым гупхэм яхэхьэ яуж, пивэфэм, Мунхен и администрациэ унэхэр яубыдын ежьахэ ауэ полициэм зэбгырахуахэ. ЯужкӀэ а къэхъуа хъыбархэм еджэн зэркӀадзар Пивэфэм и путч.
Хьитлерыр илъэситху хьэпсэм исыну тралъхьэ шъхьэкӀэ абым яуж, мазэ 9 нэхъ темыкӀауэ яутӀыпщыжь. Хьапсэм идежь Хьитлерым къыгуроӀуэ ӀэнатӀэм зэрӀухьэфынут хабзэ закъуэмкӀэ, абым емыбакъу.
Джэрмэным и лэжьыгъэ цӀэрыӀуэ ныбжэгъу иӀэхэм я сэбэпыгъуэкӀэ Хьитлерым 1930-мрэ 1932 гъэхэм пэрламент хэхыгъуэм НСДАП-м депутат мандатхэм я нэхъыбэр къэхьыр. 1933 гъэм, щӀыщылэм Хьитлерыр рейхсканцлер мэхъур, 1934 гъэм, Джэрмэным и президент Гинденбургыр дунем ехыжьа яуж Ещанэрей Рейхым и фурер мэхъур.
ӀэнатӀэм зэрыӀухьэм хуэду Хьитлерым и политик оппонентхэр Ӏуэххэри лъыгъажэкӀэ яужым къэралым тоталитар диктатурэ трегъэувэ. Джэрмэным концентрациэ лагер бжыгъэ яшъхэр абым и режимым пэщытхэм шъхьэкӀэ.
1938 гъэм Джэрмэным Аустрэр (Аншлюс) хагъэхьэ, 1939 гъэм — Чехослоуакыр (Мюнхен тхылъ). 1939 гъэм фокӀадэм и 1 джэрмэн дзэхэр Лэхьыйм тоуэхэ, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр кӀедзэ. 1940 гъэм Вермахт (джэрмэн дзэр) Еуропэм и нэхъыбэр яубыд. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22 Вермахтым къыӀомыху зауэ зэркӀидзэр ССЗР-м тоуэ.
1945 гъэм совет дзэхэм къадэшъ дзэхэм ядэкӀыгъу Джэрмэн кӀуэцӀым хэхьэн кӀадзэ. 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 30, Джэрмэным зэр текӀуахэр Хьитлерым къыщыгурыӀуэм - зеукӀыжь, кӀэрахъуэмкӀэ ишъхьэм еу.
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Хьитлер и Джэрмэн тхыдэм и лекциэхэр(индж.)
- Адолф Хьитлер и сурэтхэр
- Адолф Хьитлер и сурэт техахэр
- Живопись Третьего рейха Картины работы Адольфа Хьитлера
- Шрейбер Б. «Человек за спиной Хьитлера» (на англ.) (Bernhard Schreiber «The Man Behind Hitler»)
- Козлов В. А.’’ Дело «Миф». Расследование НКВД о самоубийстве Хьитлера. Часть 1.
- То же, часть 2.
- фотографии Хьитлера
- рисунки Хьитлера
- Вскрытие трупа, приписываемого Хьитлеру
- Большая советская энциклопедия
- Евгений БЕРКОВИЧ «ТАЙНЫ ВИЛЛЫ ХАММЕРШТАЙНА»
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |