ЕтӀуанэ дунейпсо зауэ
ЕтӀуанэ Дунейпсо Зауэ (1939 фокӀадэм и 1 — 1945 фокӀадэм и 2) — дунейм и тхыдэм нэхъ зауэ инхэмрэ нэхъ зауэ лъыгъажэхэмрэ ящыщ.
ЕтӀуанэ Дунейпсо Зауэ | |||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| |||||||||||
Лъэныкъуэхэр | |||||||||||
Антихьитлер коалициэ: РССЗ АШЗ Британиэшхуэ Китай республикэ Фрэндж Лэхьый Белгэ Нидерлэндхэр Даниэ Шаблон:Flagcountry/Норуегиэ Югослау Алыдж |
"Оси" Къэралхэр: Джэрмэн Япон Урым Финлэнд Венгрэ Румыниэ Шаблон:Flagcountry/Балгариэ Тайлэнд Слоуакиэ Хоруатиэ | ||||||||||
Дзэпашэхэр | |||||||||||
Иосиф Сталин Франклин Рузвелт† Уинстон Черчилл Чан Кайши |
Адолф Хьитлер † Тодзио Хидэки Бенито Муссолини† |
КъызхэкӀар
зэгъэзэхуэжынЯпэрей дунейпсо зауэр иуха яуж къэрал зи къэру къымыхьахэмрэ Джэрмэнри я хэту репатриациэшхуэхэр я тралъхьа. Джэрмэным и колониу хъуар фӀэкӀуэда и шӀыналъэми щыщ хэту, и армиэмрэ и хыдзэмрэ зэбгыригъэкӀыни хуэй хъуа. Зауэ зэхуаку зэманыгъуэм къэралхэм я зэпылъыныр Версал-Уашингтон системэкӀэ екӀуэкӀт. Лъэпкъхэм я Лигэ яшъа, лъэпкъэгъу организациу, кӀэуэ дунейпсо зауэ къэмыжьэным елэжьыну теухуауэ, зэпэубыдыныгъэ кӀэуэ къыкъуэкӀмэ абым теухуауэ чэнджэшыну.
Совет Зэгуэтхэр Версал-Уашингтон системэм хэмыхьауэ хъуа, изолациэм зэман гуэрэмкӀэ къинауэ, къуэхьэпӀэ къэралышхуэхэм совет ӀэнатӀэр къызарамылъытэтэм шъхьэкӀэ. Советхэм зэрыгугъамкӀэ дипломат блокадэр якъутэн Джэрмэн зи къэру къимыхьам пылъын кӀидзу 1920 гъэхэм.
1920-1930 гъэхэм КъуэкӀыпӀэ Еуропэм и къэрал куэдым авторитар диктатор ӀэнатӀэхэм къэралхэр яубыд. Дунейпсо экономкэ кризисым («Депрессиэшхуэ») 1929 гъэм дунем и къэрал нэхъыбэм Ӏэуэ я экономикэхэм къэуа. Зи Ӏоху нэхъ хьэлъу щытар Джэрмэныра. Джылэм и тхьэмышкӀагъэм 1933 гъэм ӀэнатӀэм егъакӀуэ Национал-социал (нацист) лэжьакӀуэ партиэр Хьитлер и тхьэмаду. Джэрмэным и демократ парламент къэрууншэр («Веймар республикэ») токӀри и пӀэр тоталитар нацистхэм я режимым ирет.
ТекӀуэныгъэ зиӀа къэрал гуэрэхэм - Урымымрэ Японымрэ къэныкъуэкъу хъуахэ шӀыпӀэхэр щагуэчым Япэрей дунейпсо зауэм яуж, адрейхэм нэхъри нэхъ макӀэ къалъысауэ къалъыту. 1922 гъэм Урымым и ӀэнатӀэм Бенито Муссолини Ӏохьэ, и шӀыпӀэхэр нэхъ ин ишъын хожьэ, къэрал шъхьэхуитхэр иубыду - 1936 гъэм Эфиопиэр еубыд, 1939 гъэм - Албаниэр еубыд. 1931 гъэм Японым Манчыжурыр еубыд, 1937 гъэм Китайпсом йохьэ и дзэр.
Урымымрэ Японымрэ я зауэныгъэ агрессиэм Версал-Уашингтон системэр хегъэкӀуадэ. Абым идежь Совет Зэгуэтхэмрэ Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ Еуропэм и къуэкӀыпӀэ къэралхэм джоуэ зэдэӀэпыкъуэныгъэ тхылъ кӀатхэн ягугъэ, ауэ дзыхь зэдахуэмышъурэ зэпэубыдыныгъэ яӀэхэмрэ зэраныгъуэ бжыгъэ къыхокӀри тхылъым къэру къыштэкъым.
Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ я пэлитикэ «Хэгъэзыхьэныгъэм» къыхэкӀар Джэрмэным Аустрэр аннексиэ ешъыр 1938 гъэм, Чехиэслоуакыр зэхокӀ 1939 гъэм. Дунейпсо зауэ кӀэр йожьэ.
Зауэр зэрекӀуэкӀар
зэгъэзэхуэжын1939 фокӀадэм и 1 Джэрмэным и дзэр Лэхьыйм йохьэ. ФокӀадэм и 3 Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ Лэхьыйм тхылъкӀэ епхахэр Джэрмэным зауэ ират. Джэрмэным и дзэр Лэхьыйм ем нэхъри нэхъыфӀу щытт, бжыгъэкӀи къэхъут куэдкӀэ, абым шъхьэкӀэ фокӀадэм и кум дежь Лэхьыйм и нэхъыбэр аккупациэм хэтт. ФокӀадэм и 17 Молотов-Риббентропп пактымкӀэ совет-Лэхьый гъунапкъым Армиэ Плъыжьыр хокӀыр, Урысыхумрэ Хуэхуэлеймрэ я къуэхьэпӀэ лъэныкъуэр яубыду.
Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ зауэм хэхьахэр, къуэхьэпӀэ зауэгъунапкъым зауэ хъэрзыну ирагъэкӀуэкӀтэкъым. А лъэхъэнэм траӀуар «гъэшъэгъуэн зауэ». Зауэшхуэхэр хым идежь здырагъэкӀуэкӀтэр. Зэгуэтхэм Ӏохуншу зэрщысым шъхьэкӀэ Джэрмэным къышъхьопэри Даниэмрэ Норуегиэымрэ оккупациэ ешъыр 1940 гъэм. Зэгуэтхэм зекӀуэ яшъыр Норуегиэым ауэ къышъхьэпэгъуэ къыхэкӀкъым хэукъуэгъуэ бжыгъэ зэрашъым шъхьэкӀэ икӀи Джэрмэным и дзэр къуэхьэпӀэ зауэгъунапкъымкӀэ хэкӀын зэркӀидзэм шъхьэкӀэ.
1939 шъакӀуэгъуэм и 30 Совет Зэгуэтхэм зауэ ират Финлэндым («шӀымахуэ зауэ»), 1940 гъэм и гъэтхапэм нэгъунэ екӀуэкӀар. Абым яуж Совет Зэгуэтхэм идежь Карелиэм и нъыкъуэр хокӀуэ.
1940 нэкъыгъэм и 10 джэрмэныдзэр Фрэнджымрэ Бенилукс къэралхэмрэ ихьэн кӀэдзэ. Нэхъ ину здеуар зэгуэтхэр нэхъ къэрууншу здэщытахэм идежь - Арденн Ӏуашъхьэхэм ядежь. Нэкъыгъэм и 14 Нидерлэндхэм капитулациэ ят, нэкъыгъэм и 26 - Белгэм, мэкъуауэгъуэм и 22 - Фрэнджым. Джэрмэныдзэм Дункерк идежь зэгуэтхэм я дзэр хъуреягъкӀэ ираубыдэ, я нэхъыбэм абы ипэкӀэ йокӀуэсыкӀхэри Инджылызым йокӀхэ.
1940 макъуэауэгъуэм Совет Зэгуэтхэм Бессарабиэр яубыд, япэм Урысей империэм хэтар, 1918 гъэм Румыным оккупациэ ишъатэр, 1940 и шышъхьэӀум Эстониэ, Латвиэ, Литоу джоуэ еубыдыр.
Джэрмэныр Фрэнджым текӀуа яуж, и дзэр Британ хы тӀыгухэм егъакӀуэ, ауэ британ хыдзэмрэ уэгу-зауэдзэмрэ я пэщытыным пэмылъэшу и къэрур къыхькъым.
1941 гъэм и гъатхэм джэрмэн-урымыдзэхэм Алыджымрэ Югославымрэ оккупациэ яшъыр.
1941 макъуауэгъуэм и 22 джэрмэныдзэм зауэ зэрит къымыӀоху Совет Зэгуэтхэм я гъунапкъым пхырокӀ. Къаралыгъуэ зауэшхуэр къыкӀедзэ. Джэрмэныдзэм пӀэмыкӀыу, къытеуэным къыгуэт къэралхэми я дзэхэр хэта - Урым, Финлэнд, Межарей, Румын, Слоуакэ, Хоруатиэ джоуэ. Армиэ Плъыжьыр икуэтыкӀын хуэй хъут, шӀыпӀэ бжыгъэхэр къыгъану - Латвиэ, Литоу, Эстониэ, Хуэхуэлей, Урысыху, Молдавиэ, УРСФС-рым и лъэныкъуэ гуэрэхэри къыгъану, ауэ зауэхэм джермэнхэр ирагъэзэшхэт. Ленинградыр, Совет Зэгуэтхэм я хыдзэпӀэ нэхъ иныр джэрмэнхэм яубыдат. 1941 гъэм и дыгъэгъазэм джэрмэныдзэр Мэзкуу и гъунэгъупс хъуахэ, Совет Зэгуэтхэм и къалэ нэхъышъхьэм. Армиэ Плъыжьым и пэщытыныгъэра джэрмэнхэр зыубыду Мэзкуу дэзымгъэхьэхэр, яужым пхырыкӀыгъэ зекӀуэ яшъахэмкӀэ советыдзэм и шӀыпӀэм щыщ иубыдыжьа.
1941 дыгъэгъазэм и 7 япон уэгу-зауэдзэр америкэ хыдзэ-базэ Перл-Харборным теуа. АШЗ-р ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм хохьэ зэгуэтхэм я лъэныкъуэм хэту. Яужым Антихьитлер коалициэ зэфӀоувэ Совет Зэгуэтхэр Британиэшхуэр, АШЗ-р джоуэ хэту абым.
1942 гъэм джэрмэныдзэр ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ пхырыкӀын кӀадзэ, Каспий хымрэ КъаукъазкӀыбагъымрэ фатэгын лъэжьыгъэ здэщыӀэ шӀыпӀэхэр иубыдын шъхьэкӀэ. Советхэм я пэщытыным и пкъыр Сталинград къалэм иде хэтхэт. 1942 шъакӀуэгъуэм и 19 советыдзэр контрэ пхырыкӀыгъэ ешъыр, джэрмэныдзэр къыхъурейхьауэ дзэзэшэ Паулусыр абым яхэту, 1943 мазаем и 2 джэрмэныдзэм капитулациэ ешъыр.
1943 шӀышъылэм и 18 советыдзэм Ленинград и блокадэр зэпеудыр.
Советхэм я пхырыкӀыгъуэ щыхъум Курск къалэм идежь пхырыкӀыгъуэ иӀэ хъуа, абым джэрмэныдзэр лъэныкъуитӀкӀэ къэуэн игугъа. Курск зауэр Армиэ Плъыжьым и текӀуэныгъэкӀэ иуха. 1943 гъэм шъакӀуэгъуэмрэ дыгъэгъазэмрэ Тегеран идежь (Къэжэрым) конференциэ щекӀуэкӀа Сталин, Черчилл, Франклин джоуэ хэту, зтеухуатэр етӀуанэ зэуэгъунапкъэ Еуропэм шъын шъхьэкӀэ.
1944 гъэм Армиэ Плъыжьым Урысыхумрэ Хуэхуэлеймрэ джэрмэнхэр иреху, Совет Зэгуэтхэм я къэрал гъунапкъэм нэсауэ.
1944 мэкъуауэгъуэм и 6 америкэ-инджылыз дзэхэр Нормандиэм зэхуэсын кӀадзэхэ, абымкӀэ етӀуанэ зауэ гъунапкъыр зэӀуаху.
1945 мазаем Кърымым Ялтэ къалэм иде, аргуэру конференциэ щокӀуэкӀ Сталин, Черчилл, Франклин хэтху, зтеухуатэр - зауэ нэужым Ӏохугъэ къыхэкӀынухэмрэ Джэрмэныр Ӏэшэншэ шъынымрэ, Совет Зэгуэтхэр КъуэкӀыпэ лъэныкъуэм зауэм хэхьэнымрэ Японым пэуву.
1945 гъэм собетыдзэхэм Берлиныр яубыд. 1945 шышъхьэӀум и 8 тхылъ кӀитхамкӀэ Совет Зэгуэтхэр зауэ ират Японым. Советыдзэ пхырыкӀхэм японхэр кӀэху ирагъэкӀхэ Манчыжур яубыдам. ШышъхьэӀу 6-мрэ 9-мрэ америкэ уэгу-зауэдзэм япон къалэ Хиросимамрэ Нагасакимрэ атом топышэхэр иредзых. 1945 фокӀадэм и 2 япон делегациэ америкэ линкор «Миссуромэ» макӀуэхэри капитулациэ зэрашъ тхылъ кӀатхэ.
ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр джэрмэн блокым и хэкӀуэдэгъуэкӀэ еухыр.
ХэкӀуэдахэр
зэгъэзэхуэжынНэхъыбу цӀыху хэкӀуэдахэр къэрал: Совет Зэгуэтхэм (~26 млн. хэкӀуэдауэ), Китай (~20 млн. хэкӀуэдауэ), Джэрмэн (~8,5 млн. хэкӀуэдауэ), Югослав (~6,5 млн. хэкӀуэдауэ), Лэхьый (~5,5 млн. хэкӀуэдауэ), Япон (~2,7 млн. хэкӀуэдауэ). Зауэм гъашъу ихьауэ хъуар - 62 къыщыкӀэдзауэ 78 нэгъунэ млн. мэхъур.
Зэриухар
зэгъэзэхуэжынЕтӀуанэ дунейпсо зауэм дунер зэрихъуэкӀа. Къэрал бжыгъэм куэд яфӀэкӀуэда. Къэралышхуэ хъуахэр яужым АШЗ-мрэ Совет Зэгуэтхэмрэ. Колониэ империэшхуэхэр - Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ, ахэри текӀуа шъхьэкӀэ зауэм, я къуэру куэд яфӀэкӀуэдат, ара зауэм иджыри щыкӀэдзауэ колониэ системэр зэхэзкъутар 1960 гъэхэм ядежь.
Зауэ нэужым ЛъЗ и лэжьыгъэ ирагъэжьа, дунейпсом и зэпэубыдыгъуэхэр чэнджэшкӀэ зэфӀэгъэкӀыным пылъу. И тхьэмадэ зэмыхъуэкӀыу хэхьахэр АШЗ, Совет Зэгуэтхэр, Британиэшхуэ, Фрэндж, Китай джоуэ.
Совет Зэгуэтхэмрэ къыдэшъ къэралхэр дэкӀыгъу зы лъэныкъуэкӀэ, къуэхьэпӀэ къэралхэр пэмыкӀ лъэныкъуэмкӀэ щыӀу, я зэпэубыдыгъэ щамыгъэтхэм «Зауэ шӀыӀэр» икӀэм къыхокӀыр.
Къэрал гъунапкъэхэм зызэрахъуэкӀар
зэгъэзэхуэжынЕтӀуанэ дунейпсо зауэм яуж къэрал гъунапкъэхэм зэрахъуэкӀа хъуа. Совет Зэгуэтхэм 1939-1940 гъэхэм яубыдауэ хъуар езым еуэ къыгъэна. Абым пэмыкӀыу Совет Зэгуэтхэм яуэ къэнар: Петсамо, япэу Финлэндым еуэ щытар, КъуэкӀыпӀэ Прусиэм и ныкъуэ къалэ Кенигсберг хэту, Джэрмэным еуэ щыта, Ипшъэ Сахалинымрэ Курил хы тӀыгухэмрэ Японым еуэ щытахэр. Джэрмэным и къуэкӀыпӀэ гъунапкъэхэр зэрагъэкӀуахэр Одерымрэ Нейсэ пхымэмкӀэ. Хэку Силезиэ, Помераниэ, Прусиэ (КъуэкӀыпӀэ Прусиэм щымыхъукӀэ) джоуэ Лэхьыйм еубыд.
Урымымрэ Японымрэ я колониу хъуар яфӀэкӀуэда. Абым пэмыкӀыу Урымым и шӀыпӀэ гуэрэхэр Югославымрэ Алыджымрэ яхуэкӀуа.
Япэреуэ Джэрмэныр къэрал зэгуэт псоуэ зэфӀагъувэн ягугъэт, ауэ «Зауэ шӀыӀэ» кӀидзам Джэрмэныр къэралитӀу зэхигъэкӀа: Демократ Джэрмэн Республику зыр етӀуанэр Джэрмэн Федерал Республику джоуэ.
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынЕтӀуанэ дунейпсо зауэ Уикисурэтылъэм? |
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |