Урысыху, Урысыху Республикэ (урысыху-бз. Беларусь, Рэспубліка Беларусь, урбз. Белоруссия, Республика Беларусь) — кърал КъуэкӀыпӀэ Еуропэм. 1991 гъэм нэгъунэ Совет Социал Республикэ Урысыху щыта. Къэралым ицӀэр къызхэкӀыр пэсырей урысыбзэм "белая" (хужь) иэ (хуит) тэтэрхэмрэ монголхэмрэ шъхьакӀэ шхуиӀу иэ я фашэм шъхьакӀэ, хуыжьу зэрахьат абы "Русь" пышъэжьауэ.

Урысыху Республикэ
урысыху-бз. Рэспубліка Беларусь
урбз. Республика Беларусь
Дэмыгъэ Урысыхум
Урысыхум и нып Урысыхум и дэмыгъэ

Кординатхэр: 53°31′00″ с. ш. 28°46′00″ в. д. / 53.516667° с. ш. 28.766667° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Мы, беларусы» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 1991 дыгъэгъазэм и 25 (зхэкӀар РССЗ)
Нэхъышъхьэбзэхэр урысыхубзэрэ урысыбзэрэ
Къалэ нэхъышъхьэр Минск
Къалэ нэхъ инхэр Минск, Гомел
ӀэнатӀэ хабзэр Президентым и республикэ
Президент Александр Лукашенко
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
84-нэ дунем
207 560 км²
куэдкъым
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

9,469,900 цӀыху
45,7 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2010)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$124,510 млрд  (60-нэ)
$13 134
Сомыр (Валутэр) Урысыху рубл
Интернет-доменхэр .by
Телефон кодыр +375
Зэманыгъуэхэр +3

Абы пэмыкӀыу Урысыхум икъэралым (псоуэ иэ янукъуэ гуэрэхэр) хэт хэкухэр: Литуа, УрыскъуафӀцӀэ, Полесиэ, Берестей шӀыпӀэ, Витебск шӀыпӀэ, Полоцк шӀыпӀэ, Смолен шӀыпӀэ.

Икъэралгъунэр къуэкӀыпӀэмрэ ишъхъэрэмкӀэрэ Урысейм иде ирокӀуэ, Латвиэмрэ Литуамрэ ишъхъэрэмрэ ишъхъэрэ-къуэхьапӀэмкӀэрэ. Полшэм - къэхьапӀэмкӀэрэ, Украинэм - ипшъэмкӀэ.

VIII - IX илъэсишъэхэм Ӏашъэныгъэхэр зэфӀэувэн щыкӀидзэм лъэпӀкъхэмрэ хэкухэмрэ зэпылъын кӀадзэ, къалэхэр яшъын кӀадзэ.

Нэхъ пэсырей дыдэхэм ящыщхэр Полоцк (япэдыду тхылъ-тхыдэм игугъ щашъыр 862 гъэм), Витебск (къалэ щыхъуар 947 гъэм) Туров (япэдыду тхылъ-тхыдэм игугъ щашъыр 980 гъэм).

XIII илъэсишъэхэм литоу пщы Миндовг иӀанатӀэмкӀэ литой шӀыпӀэхэмрэ къуэкӀыпӀэ слауан шӀыпӀэхэмрэ зэхегъыхьа а зэманм Еуропэм нэхъ къэрал ин ешъыр - Пщышхуэ Къэрал Литоу.

1569 гъэм Пщышхуэ Къэрал Литоумрэм Полшэ къэрэлымрэ зэхохьари Посполит къэрал яшъыр.

XVIII илъэсишъэхэм Посполит къэралыр щэуэ зэгуохур (1772, 1793, 1795), иджырей Урысыху шӀыпӀэр Урысейм хокӀуэ.

1990 гъэм Урысыхур къэрал хит мэхъур.

Урысыхур 6 хэкукӀэ гуэча:

  • Брест хэку
  • Витебск хэку
  • Гомел хэку
  • Гроднэ хэку
  • Могилов хэку
  • Минск хэку

Калэ нэхъ инхэмрэ джылу дэсымрэ:

  • Минск - 1 841
  • Гомел - 498 700
  • Могилов - 320 000
  • Витебск - 356 000
  • Гродно - 338 200
  • Брест - 318 000

Урысыхум 2009 гъэмкӀэ джылъэ бжыгъэмкӀэ ирагъэкӀуэкӀам къэралым 9 489 000 джылу дэс ЛъэпӀкъхэм ящыщу, нэхъыбу дэсхэр: