Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр

‎(РССЗ къызыхэкӀар)

Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр (Совет Зэгуэтхэр, РССЗ, урбз. Союз Советских Социалистических Республик, Советский Союз, СССР) — социал къэрал, Урысей империэу щытам и шӀыпӀэ нэхъыбэм къыхэкӀауэ 1922 гъэм щыкӀэдзауэ 1991 нэгъунэ, къэралышхуитӀым я зы (АШЗ-м дэкӀыгъу). Къалэ нэхъышъхьу щытар Мэзкуу.

Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр
урбз. Союз Советских Социалистических Республик

социалe федератив къэрал
30 дыгъэгъазэ 1922 — 26 дыгъэгъазэ 1991


РССЗ-м и нып РССЗ-и и дэмыгъэ
Гоуидзэ
«Къэралу хъуам я пролетарийхэр, фызэгухьэ!»
Къэрал уэрэд
Совет Зэгуэтхэм и къэрал уэрэд

РССЗ-м и шӀыпӀэтхыпхъэ 1945 гъэм еуэ.
Къалэнэхъышъхьэ Мэзкуу
Къалэ нэхъ инхэр Мэзкуу, Ленинград, Киеу, Ташкент, Баку, Харкоу, Минск, Горкэ, Новосибирск, Свердловск
Бзэ(хэр) урысыбзэ (де-факто)[1]
Ахъчэ зекӀуар совет рубл
И шӀыпӀэр 22 402 200 км²[2]
Джылэр 293 047 571 цӀыху.[3]
ӀэнатӀэм и хабзэр совет республика
Фактическу къэрал тхьэмадэр
 - 1922—1924 Владимир Ленин
 - 1924—1953 Иосиф Сталин
 - 1953—1964 Никита Хрущёв
 - 1964—1982 Леонид Брежнев
 - 1982—1984 Юрий Андропов
 - 1984—1985 Константин Черненко
 - 1985—1991 Михаил Горбачёв
Къэрал хэзылъхьэхэр
Советхэр зэхэкӀа яуж
къэрал хъуахэр
[4]
РСФСУ
РССУ
РССУ
РСФСКъ
Урысей
Урысыху
Укрэинэ
Молдавиэ
Курджы
Ермэлей
Азэрбиджан
Къазахъстэн Файл:Flag of Kazakhstan (1992-1996).svg
Узбэчстэн
Тыркумэнстэн
Къыргъызстэн
Таджикстэн
Эстониэ
Литоу
Латвиэ
  1. Де-юре РССЗ-м 1990 гъэм нэс къэралыбзэ нэхъышъхьэ иӀакъым. Урысыбзэр лэжьыгъэ-шъэныгъэхэм я бзэуэ щыта мыхъумэ. 1990 гъэм малыжъыхьым и 24 РССЗ-м и хабзэмкӀэ «РССЗ-м и лъэпкъхэм я бзэхэр» унафэ къыдегъэкӀ урысыбзэр РССЗ-м и нэхъышъхьэбзу.
  2. ЗэхэкӀыныгъэм идежь 1991 гъэм
  3. РССЗ-м и икӀэрей джылэбжыгъэмкӀэ (1989)
  4. КъэбжэкӀахэр зэгуэт къэралхэм я хэта къуэдейхэра, иджы ЛъЗ-м хэтхэр. РССЗ-м и лъэужырыт къэралу щытыр Урысей Федерациэ

Мазае революциэм яуж 1917 гъэм пэштыхьыгъэр Урысей империэм хэкӀуэда, ӀэнатӀэр зыубыдахэр буржуаз-демократ КӀэх ӀэнатӀашъхьэ, Дунейпсо зауэм къыхэмыкӀа техьэ яуж. А гъэ дыдэм и жэпуэгъуэм Урысейм Жэпуэгъуэ револуциэ къохъур, ӀэнатӀэм инхэр Ӏохьэ Владимир Ленин я шъхьэщыту. Къэралым Джылэ зауэ кӀедзэ, 1922 гъэм нэгъунэ екӀуэкӀа, текӀуахэр а зауэм инхэра.

1922 дыгъэгъазэм и 30 РСФС Урысейм, РСС Урысыхум, РСС Хуэхуэлейм, РСФС КъаукъазщӀыбыгъуэр джоуэ зэгуэтыныгъэ тхылъ кӀатхэ, Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэу зэхыхьу.

1924 гъэм, Владимир Ленин дунем ехыжьа яуж къэралым и нэхъышъхьу увыр Иосиф Сталин. РССЗ-м «кӀэ эконом политикэ» (КӀЭП) ирагъэкӀуэкӀ, щэхуэн лэжьыгъэм и пӀалъэр зыубыдыфу щыта, ауэ 1930-хэм КӀЭП-ыр хомхомурэ колликтивизациэ къэрукӀэ иригъэкӀуэкӀын кӀедзэ абым пэмыкӀыуи индустирализациэ.

1937 гъэм репрессиэ куэду йокӀуэкӀ Сталиным пэщытхэм шъхьэкӀэ, апщыгъуэм Дзэ Плъыжьым и командир бжыгъэ хэкӀуэдауэ щыта.

1939 гъэм, Молотов-Риббентропп секрет тхылъ пактымкӀэ РССЗ-м Лэхьыйм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр еубыд - Урысыхумрэ Хуэхуэлеймрэ я къуэхьэпӀэ лъэныкъуэхэр. 1939-1940 гъэхэм совет-финн зауэ, текӀуар абым РССЗ-ра, Карелейм и ныкъуэр апщыгъуэми еубыд. 1940 гъэм РССЗ-м балтикэ къэрал - Латвиэ, Литоу, Эстониэ джоуэ еубыд, абым пэмыкӀыу Румыным хэта Бессарабейри еубыд.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Къэралыгъуэ зауэшхуэ

1941 бадзэуэгъуэм и 22 Джэрмэн нацист дзэм и къытеуэнымкӀэ Къэралыгъуэ зауэшхуэр кӀедзэ. Джэрманыдзэр псынкӀыу хэкӀт къэралым Мэзкуу бгъэдыхьу, ауэ къагъэувэӀа хъуа. Сталинград зауэмрэ Курск зауэмрэ яуж совет дзэхэр текӀуэн кӀадза, къуэхьэпӀэмкӀэ хэкӀху. 1945 нэкъыгъэм и 9 Къэралыгъуэ зауэшхуэр иуха РССЗ-р текӀуауэ. 1945 и шышъхьэӀум РССЗ-р зауэм хохьэ Японым пэувауэ.

Къэралыгъуэ зауэшхуэм цӀыху бжыгъэ зымыӀэ, мылъку бжыгъэ зымыӀэ хэкӀуэда РССЗ-м. Зауэ нэужым къэралым и зэфӀэувэгъэжьыным пыхьа ису хъуар.

1953 гъэм и гъатхэпэм Сталин дунем йохыжь, ӀэнатӀэ убыдыным шъхьэкӀэ ныкъуэкъуэгъу екӀуэкӀам яуж къэралым и тхьэмаду Никита Хрущов тохьэ. Абы и ӀэнатӀэкӀэ 1956 гъэм XX СЗКП-м иригъэжьа компаниэ «Сталин култым и къэгъэшъэнымрэ» репрессиэ лъэпкъ яшъахэри реабилитациэ ишъыжьа.

1964 гъэм ӀэнатӀэм Ӏухьэр Леонид Брежнев. Брежнев щытета зэманым траӀуар «Стагнациэ лъэхъэнэ». Брежнев дунем ехыжьа яуж къэралым и тхьэмаду Юрий Андропов тохьэ мыкуэду тет а пӀэм (1982-1984) яуж Константин Черненко (1984-1985).

1985 гъэм КЦ СЗКП-м и тхьэмаду техьэр Михаил Горбачов. РССЗ-м «перестройка» (реструктуризациэ) къожьэ.

1991 гъэм дыгъэгъазэм и 25, Беловежиэ мэзым президентхэм Урысейм (Борис Елцин), Урысыхум (Станислав Шушкевич), Хуэхуэлейм (Леонид Кучма) зэгуэтыныгъэ тхылъыр дэнонсиациэ яшъри РССЗ абымкӀэ еух и гъашъэр.

Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр

зэгъэзэхуэжын

РССЗ-м и тхыдэм контитуциищ иӀа - 1924, 1936, 1977 гъэхэм тхауэ.

1977 гъэм и конституциэмкӀэ, къэралым и ӀэнатӀэр джылэм еуэ къиӀуатэт.

Советхэм я къэрал зэхэтыкӀэм къидэтэкъым ӀэнатӀэ гуэчыныр. ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр (РССЗ-м и Нэхъышъхьэ Хасэ) хабзэгъэзанкӀэмрэ мэхьчэмэ ӀэнатӀэмрэ яшъхьэщытт.

ФоктымкӀэ, къэралым и ӀэнатӀэр зыӀэкӀэлътэр Совет Зэгуэтхэм я Коммунист Партиэм (СЗКП).

Къэралым и ӀэнатӀэ нэхъышъхьэ лэжьыгъу щытар джылэ депутатхэм я Зэхуэс, илъэсищкӀэ хахтэр. Джылэ депутат Зэхуэсыр хэзыхтэр Нэхъышъхьэ Хасэ.

ХабзэгъэзанкӀэ Ӏэнатэр министр 40 зэхэтт.

Къыгуэтхэмрэ автоном республикэхэмрэ езыхэм я партиэ лэжьыгъэхэр яӀэт.

1990-1991 гъэхэм пӀэ Призедент РССЗ джоуэ щыӀа.

АдминистрациэкӀэ гуэшыгъуэр

зэгъэзэхуэжын

Совет Зэгуэтхэм я шӀыпӀэр республикэ совет социалхэм (РСС) яуэ гуэшауэ щытт. Я бжыгъэм зэрихъуэк ыу щытт 4 къыщыкӀэдзауэ (1924 гъэм, щыхалъхьэм) 16 нэгъунэ (1940 гъэм). Совет Зэгуэтхэм я хэкӀуэдэжьыным идежь хэтар 15 республикэ.

Езы республикхэми кӀуэцӀ гуэшыгъуэ яӀэт: республикэ автоном совет социал (РАСС), овтоном област, автоном край, автоном округ, област, край, къалэ сойузым и къэлъытэгъу джоуэ.

Шыпэтхыпхъэм
зэрхэт
Нып Республикэ Къалэ
нэхъышъхьэ
 
РССЗ-м и администрациэ гуэшыгъуэр 1991 гъэмкӀэ
1   Азэрбиджан РСС Баку
2   Ермэлей РСС Еруан
3   Урысыху РСС Минск
4   Курджей РСС Тбилиси
5   Къэзахъ РСС Алма-Ата
6   Къыргъыз РСС Фрунзе
7   Латвиэ РСС Рига
8   Литоу РСС Вилнус
9   Молдавиэ РСС Кишинеу
10   Урысей РСФС Мэзкуу
11   Таджыку РСС Душанбэ
12   Тыркумэн РСС Ашхабад
13   Узбэч РСС Ташкент
14   Хуэхуэлей РСС Киеу
15   Эстониэ РСС Таллин

Экономикэр

зэгъэзэхуэжын
 
Совет зэгуэтхэм я ахъшэ - совет рубл 100, 1961 гъэм щыщу

1990 гъэм РССЗ-м и экономикэр дунем и еӀтуанэт (АШЗ-м яуж) дунем и 1/5 лъэжьыгъэр къыдигъэкӀт. Советхэм я экономикэр плану щытт. РССЗ-м и тхыдэмкӀэ «илъэситху» пшъыкӀутӀ иӀэуэ щыта - джылэ лэжьыгъэ илъэситхукӀэ къэӀэтыным и план.

Джылэ лэжьыгъэм и нэхъ зыпылътэр - дуней мылъку (фӀэмыкӀ, пэмыкӀ джоуэ), хьэлъэ индустиэ (жыр, чугун), электроэнегиэ, металургиэ (гъущӀ, метал къуэлэнхэр), петрол лэжьыгъэ (фадэгын, гас), химиэ лъэжьыгъэ, прибор лъэжьыгъэ, машинэ лэжьыгъэ пэмыкӀхэр джоуэ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Совет Зэгуэтхэм я джылэр
Файл:USSR Ethnic Groups 1974.jpg
РССЗ-м и этно-шӀыпӀэтхыпхъэр, 1974 гъэмкӀэ


1989 гъэмкӀэ РССЗ-м и джылэ бжыгъэр 286 717 млн. цӀыху хъут. Лъэпкъ нэхъ инхэр (милыуаным зы бжыгъэ фӀэкӀ, 1989 гъэ):

  1. Урысхэр - 145 155 489 (50,8 %)
  2. Украинхэр - 44 186 006 (15,46 %)
  3. Узбэчхэр - 16 697 825 (5, 84 %)
  4. Урысыхухэр - 10 036 251 (3,51 %)
  5. Къэзахъхэр - 8 135 818 (2,85 %)
  6. Азэрбиджанхэр - 6 770 403 (2,37 %)
  7. Къэзанхэр - 6 648 760 (2,33 %)
  8. Ермэлыхэр - 4 623 232 (1,62 %)
  9. Таджыкухэр - 4 215 372 (1,48 %)
  10. Курджыхэр - 3 981 045 (1,39 %)
  11. Молдавхэр - 3 352 352 (1,17 %)
  12. Литоухэр - 3 067 390 (1,07 %)
  13. Тыркумэнхэр - 2 728 965 (0,96 %)
  14. Къыргъызхэр - 2 528 946 (0,89 %)
  15. Джэрмэнхэр - 2 038 603 (0,71 %)
  16. Чувашхэр - 1 842 347 (0,64 %)
  17. Латвийхэр - 1 458 986 (0,51 %)
  18. Башкырхэр - 1 449 157 (0, 51 %)
  19. Джуртхэр - 1 378 344 (0,48 %)
  20. Мордвахэр - 1 153 987 (0,4 %)
  21. Полакхэр - 1 126 334 (0,39 %)
  22. Эстонхэр - 1 026 649 (0,36 %)
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Совет Зэгуэтхэм я Дзэхэр
 
Танк Т-34-85, ракетэ Р-9-мрэ

КонституциэмкӀэ Дзэ Ӏыгъыныр зтеухуатэр къэрал хъумэным шъхьэкӀэрэ социализм зэфӀэгъувэнымрэ. 1946 гъэм нэгъунэ цӀэуэ зэрихьэр Лэжьыгъэ-ЛъхукъуэлӀ Аримэ Плъыжь (ЛЛъАП), 1946 щыкӀэдзауэ 1991 нэгъунэ Советхэм я Армиэу щыта (СА). СА и бжыгъэр 1991 гъэм зэрыхъутэр 2 800 мин цӀыху. Армиэр щыуэ гуэчт - ЩӀызекӀуэдзэ, Уэгу-зауэдзэ, Хыдзэ джоуэ, абым пэмыӀыуи дзэ лӀэужъыгъуэ гуэрэхэр, къэбжэкӀахэм я хуэмыду икӀи я хэмыхьу.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын

ХъыбарыщӀэ гупшысыгъэхэр

зэгъэзэхуэжын