Украинэ
Хуэхуэлей е Украинэ (укр-бз. Україна) — къэрал Еуропэм икум хэт. Къалэ нэхъышъхьэр — Киеу.
Хуэхуэлей укр-бз. Україна | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Ще не вмерла Україна» | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 1991 (зхэкӀар ССРЗ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | Хуэхуэлейбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Киеу | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Киеу, Одесэ, Харкоу, Лвов, Днепропетровск | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент президенту республикэ | ||||
Президент Премиер-министр |
Владимир Зеленский Денис Шмыгаль | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
45-нэ дунем 603 628[1] км² 7 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
45 962 900[2] цӀыху (28-нэ) 76,14 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2010) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$179,604 млрд[3] (32-нэ) $3 995[3] (97-нэ) | ||||
ВКӀуП (ЩПЛъ) • КъыкӀыр |
$337,268 млрд[3] (33-нэ) $7 331[3] | ||||
ЦӀПЗИ | 0,710 (ин) (69-нэ) | ||||
Этнохоронимыр | Хуэхуэлейхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | гривнэ (UAH) | ||||
Интернет-доменхэр | .ua | ||||
Телефон кодыр | +380 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +2 | ||||
Хуэхуэлей Уикисурэтылъэм |
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынХуэхуэлейр КъуэкӀыпӀэ Еуропэм хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Лахь жылэм, Слоуакэм, Мэжарейм, ипшъэ-къуэхьэпӀэм — Молдовэм, Румыниэм, къэрал къэмылъыта Днестырпыт Молдовэ Республикэ, ишъхъэрэмкӀэ — Урысыхум, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Урысейм.
ШӀыпӀэр нэхъыбэм губгъуэу щыт. Къушъхьэхэр къэралым ипшъэ-къухьэпӀэмкӀэ хэт (Хуэхуэлей Карпатхэр), Къымымрэ. ИпшъэмкӀэ Хы ФӀыцӀэмрэ Хы МыутӀэмрэ Ӏохьэ я Ӏуфэхэм. Псы нэхъ инхэр: Днепыр, Ишъхъэрэ Буг, Днестыр, Ишъхъэрэ Донец, Десна.
Хуэхуэлейм и инагъыр зэрыхъур 603 628 км2. Еуропэм и къэрал нэхъ ину щыт (псоуэ хэтхэм я щыщхэм).
Хьэуар къэралым и нэхъыбэм курыт-континенталу щыт, Кърымым и хы Ӏуфэм щымыхъукӀэ, абым хыкурыт климэту щыт.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынXI—X лъэхъэнэхэм Хуэхуэлейм и шӀыпӀэм къэрал Киеу Урысей хэта. 988 гъэм пщы Владимир Святославовичым захуэ чыристэныгъэ къештэ, а диныр къэрал псом еуэ мэхъур Урысейм.
1237—1241 гъэхэм Киеу Урысейм хъан Батыйр йохьэри, къэралыр пщыхэку бжыгъэкӀэ зэхокӀыр. Хом-хомурэ ахэр Литоу Пщыхэкушхуэм хохьэхэ. 1569 гъэм Лахь Жылэмрэ Литоумрэ зэхохьэхэри зы къэрал мэхъухэ — Посполитым и Реч.
XV лъэхъэнэм Днепырыпэм и ипшъэ лъэныкъуэм Запорож къазакъыгъуэ къыхокӀыр, XVIII лъэхъэнэм нэс щыӀар, хамгъэкӀа кӀышъэ.
XVIII лъэхъэнэм Лахь Жылэм и шӀыпӀэр гуэчын щашъым иджырей Хуэхуэлейм и шӀыпӀэнэхъыбэр Урысей империэм хокӀуэр.
1917 гъэм револуциэ екӀуэкӀам яуж Хуэхуэлейм зэман кӀэкӀкӀэ къэрал хуитхэр щыӀахэ — джылэ республикэ Хуэхуэлей джылэ республикэ КъухьэпӀэ-Хуэхуэлейрэ джоуэ.
1919 гъэм гъатхэпэм и 10-м зы къэрал Совет Социал Республикэ Хуэхуэлей мэхъур. 1923 гъэм Урысейр, Урысыхур, КъуакъазкӀыбагъу къэралхэр джоуэ зэхэтху Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр къэралу зэхохьэхэ.
1991 гъэм щыкӀэдзауэ Хуэхуэлей къэрал хуит мэхъур.
Жылэр
зэгъэзэхуэжын2010 гъэм щӀышылэм и 1-м Хуэхуэлейм джылу дэсар зэрыхъутэр 45 822 214 цӀыху.
Хуэхуэлейм лъэпкъ дэсхэр (2001) | ||
---|---|---|
Лъэпкъхэр | Бжыгъэр, мин цӀыху |
% |
Хуэхуэлейхэр | 37541,7 | 77,82 |
Урысхэр | 8334,1 | 17,28 |
Урысыхухэр | 275,8 | 0,57 |
Кърымхэр | 248,2 | 0,51 |
Молдавхэр | 258,6 | 0,54 |
Болгархэр | 204,6 | 0,42 |
Мэжархэр | 156,6 | 0,32 |
Румынхэр | 151,0 | 0,31 |
Лахьхэр | 144,1 | 0,30 |
Журтхэр | 103,6 | 0,21 |
Ермэлыхэр | 99,894 | 0,21 |
Алыджхэр | 91,548 | 0,19 |
Къэзанхэр | 73,304 | 0,15 |
Пэмыкхэр | 0,4 | |
Псори | 48240,9 | 100 |
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынХуэхуэлейм и экономикэр 39-й пэр иыгъ ВКП-кэ (2009).
Хуэхуэлейр индустриал-аграр къэралу щыт. Лэжьыгъэ япэреуэ щытхэр — гъушӀ-лэжьыгъэ, химиэ-лэжьыгъэ, шӀыкӀэлъ-лэжьыгъэхэр, энергиэ-лэжьыгъэхэр.
Администрациэ гуэшыгъуэр
зэгъэзэхуэжынХуэхуэлейр унитар къэралу щыт, област 24 хэт, Аутоном Республикэ Кърым. Къалэ Киеумрэ Севастополымрэ хэгъэза статус яӀэ.
Дзэр
зэгъэзэхуэжынХуэхуэлейм и дзэр щызэхэхьар 1991 гъэм шышъхьэӀум и 24-м. Хэтыр (2010 гъэмкӀэ) 200 000 цӀыху.
Дзэр щыуэ зэшъхьэщокӀхэ — зекӀуэдзэ, уэгузауэдзэ, хыдзэ джоуэ.
Гулъытыгъуэ
зэгъэзэхуэжынТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынУкраинэ Уикисурэтылъэм? |
- Хуэхуэлейм и президентым и официал сайтыр
- Нэхъыщхьэ Радам и официал сайтыр
- Хуэхуэлейм и Хасэм и официал сайтыр
- Хуэхуэлейм конституциэкӀэ контрол зэрагъэкӀуэкӀым и хъыбархэр
- Хуэхуэлейм и партиэхэм я тхылъ
- Хуэхуэлейм и архивхэр