Хы МыутӀэ (урбз. Азовское море, гр-бз. Μαιώτιδα λίμνη, кр.-тат.-бз. Azaq deñizi) — ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм щыщ Хы ФӀыцӀэм ибэссеиным, дунейм нэхъ хы цӀыкӀу, икууагъыр 15 м. фӀэкӀкъым.

Хы МыутӀэ
и шӀыпӀэтхыпхъэр
Здыхэтыр: Украинэм и ипшъэ-къуэкӀыпӀэ, Урысейм и ипшъэ-къуэхьэпӀэ
КӀыхьэгъыр: 343 км
Бгъуагъыр: 231 км
Инагъыр: 37605 км²
Ӏуфэм и кӀыхьэгъыр: 1472 км
Кууагъ нэхъ иныр: 14,4 м
Кууагъ курытыр: 5—13 м
Псызэхэжэм и инагъыр: 586 000 км²
Псы хэлъадэхэр: Тэн, Псыжъ
Хы МыутӀэ Уикисурэтылъэм

ЦӀэр зэгъэзэхуэжын

Пэсырем Хы МыутӀэм алыджхэр Меотий хыкӀэ еджэт, римхэм Palus Maeotis, скифхэм Каргалук, меотхэм Темериндэ ("Хым Янэ" къырагъкӀыу), хьарыпхэм Натшлах иэ Бахр ал-Азуф, тыркухэм Бахр эл-Ассак (Хы ШхъуэнтӀабзэ; иджыре тырку ицӀэр Azak Denizi), генуэзхэмрэ венециэхэмрэ Mare delle Zabacche. Восточнэ слэванхэм хыр къыщашъар I илъэсишъэм, Хы ШхъуантӀэ траӀуа. Тамэтэрхъэ къэралыр зэрзэфӀэувэрэ Урыс Хы траӀуэ. Къэралыр зэрыкӀуэдрэ ицӀэр бжыгъэрэ зэрахъуэкӀыр (Самэкуш, Салэкар, Майутис..). XIII илъэсишъэхэм Хы Саксин къытонэ. Тэтэр-монголхэм аргуэру кӀэуэ цӀэхэр ират: Балык-денгизрэ Чабак-денгизрэ.

Зы гупшысыгъэхэмкӀэ Чабак-денгизым зэрихъуэкӀауэ: чабак - дзыбах - забак - азак - азов - цӀэр къыхэкӀауэ, ауэ абэ пылъхэкъым. ПэмыкӀ гупшысэгъуэкӀэ азэкыр - тырку псалъэ, лъахъчэ кыригъэкӀыу. Абы пэмыкӀыу Хым иджыри цӀэ иӀахэр: Барэл-Азов (псы ШъуантӀэ), Хы Фракий (фракийхэм: генуэхэмрэ венециэхэмрэ къырагъэкӀу), Хы Сурож (СурожкӀэ иджырей къалэ Судакым Кърым дэтым еджэт) Хы Каффа (Каффэр - урым быдапӀу щыта, Феодосиэ къалэм иде Къырымым), Хы Киммерий (киммерийхэм яцӀэкӀэ), Акденгиз (тырку Хы Хужь), пэжьм нэхъ ирагъэхьчыр иджырей ицӀэр Азов къалэм къытекӀауэ.

Езы псалъэ "азовым" шъхьакӀи гупшъэсыгъуэ бжыгъэ щыӀа: полов пщым ицӀу щытауэ Азум (Азуф), Ос лъэпӀкъым яцӀэкӀэ (ассхэм), тырку псалъэ азаным ирагъэхьч - "кӀагъ" "кӀагъым", адыгэ - Ӏузэв. ЗэралъытэмкӀэ иджырей урысыцӀэр XVII илъэсишъэм къыщыщӀэдзауэ къытена, Пименым итхылъхэм теухуауэ. ИкӀи ицӀэр здытеубыдатэр Тэн ихыжъэрат. Пётр I Азов зекӀуэхэм ежьа нэуж зэр хыуэ Азов щыфӀашъар.