Хъырцей (хъыр-бз. საქართველო) — Ипшъэ Къаукъазым хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Тбилиси.

Хъырцей
хъыр-бз. საქართველო
Дэмыгъэ Хъырцейм
Хъырцейм и нып Хъырцейм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 41°41′00″ с. ш. 43°33′00″ в. д. / 41.683333° с. ш. 43.55° в. д. (G)

Гоуидзэр: «ძალა ერთობაშია (Зэгуэтыным лъэшыгъэр зхэлъыр
Къэрал уэрэд: «თავისუფლება» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 1991 мэлыжьыхьэм и 9 (зхэкӀар РССЗ)
Нэхъышъхьэбзэхэр хъырцыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Тбилиси
Къалэ нэхъ инхэр Кутаиси, Батуми, Рустави, Зугдиди, Гори, Поти[1]
ӀэнатӀэ хабзэр республикэ
Президент Саломе́ Зурабишви́ли
ШӀыпӀэр
• Псори
118-нэ дунем
69 700[2] км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

4 385 400 цӀыху (114-нэ)
63 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2009)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$10,7 млрд (ДВФ), 20,23 млрд (ЦРУ)  (122-нэ)
$4757 (ДВФ), 4400 (ЦРУ)
Сомыр (Валутэр) лари
Интернет-доменхэр .ge
Телефон кодыр +995
Зэманыгъуэхэр +4
Хъырцей Уикисурэтылъэм
  1. Конституциэм зэритымкӀэ къалэ Цхинвалымрэ Согъумымрэ Хъырцейм хэтхэ, ауэ Ипшъэ Осетиэмрэ Апхъазымрэ зи ӀэнатӀэ зкӀэтхэр
  2. И ӀэнатӀэм кӀэтыр — 57 200 км²

Хэкумэтхыр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Курджым и хэкумэтх

Хъырцейр Къаукъаз КӀыбэгъум хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: ишъхъэрэмкӀэ — Урысейм, Апхъазым, Ипшъэ Осетиэм (яужырей къэралитӀыр Хъырцейм езым и хэкухэу къелъытэ, Урысейм окупациэ ишъауэ), къуэкӀыпӀэмкӀэ — Азэрбиджаным, ипшъэмкӀэ — Ермэлеймрэ Тыркуеймрэ, къуэхьэпӀэмкӀэ хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм Ӏохьэ.

КъызэриӀохумкӀэ, къэралым и инагъыр — 69 700 км², Ӏохур зэртетымкӀэ, и ӀэнатӀэм кӀэтыр — 57 200 км².

Хъырцейм и ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ Къаукъазышхуэтхыр ирокӀуэ, ипшъэмкӀэ КъаукъазцӀыкӀуэтхыр. А тхитӀым я зэхуакум Колхи губгъуэр дэлъ.

Къэралым къышъхьэпэгъуэ шӀыкӀэлъ бжыгъэхэр иӀэ, абым пэмыкӀыу бэгъуауэ хуабэ псынэхэр, яшъхьэщыту курортхэр.

Хъырцейм и хьэйуар зэхэкӀыу щыт, субтропикхэм щыкӀедзэри курытыгъуэм носыр.

Тхыдэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Хъырцейм и тхыдэ

Япэрей къэралу Хъырцейм и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэтар Чолхидэ пэштыхьей, VI ди лъэхъэнэм и пэм зэфӀэувар. IV ди лъэхъэнэм и пэм Хъырцейм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм Картли пэштыхьей къыхокӀ.

IV лъэхъэнэм и кухэм Картлим и къэралыгъуэ дину хъур заухэ чыристэныгъэ.

VII лъэхъэнэм Хъырцейр Хьэрып Халифэтым еубыд, Къаукъаз кӀыбагъум мыслъымэн диныр хэхьэн кӀедзэ.

Зэманыгъэ нэхъ лъэшу къэлъытэгъуэ зыратыр XI—XII лъэхъэнэхэра — Даут IV-мрэ Тамарэ гуащэмрэ я ӀэнатӀэгъуэм къэралыр щыкӀэтам. Абым щыгъуэ Хъырцейр Къаукъаз кӀыбагъум и къэрал нэхъ лъэш мэхъур, хабзэмрэ экономикэмрэкӀэ зыкъиӀэтауэ.

XIII—XIV лъэхъэнэхэм Хъырцейм Монголыдзэр тоуэр, яужым Темырлэн и зекӀуэ зытӀущым, и къэрур къэралым кӀуэдын кӀедзэ, хэку бжыгъу хэхохур.

XVII—XVIII лъэхъэнэхэм Хъырцейр Уэсмэнеймрэ Къажэрымрэ я зэпэубыдыгъуэ мэхъур. 1783 Урысеймрэ Хъырцеймрэ Джэрджэ тхылъ кӀатхэ, абы щыкӀэдзауэ Картли Кахетиэр Урысейм и протекторатым кӀэт.

1801 гъэм Картли Кахетиэр Урысей империэм хохьэ. XIX лъэхъэнэм Курджейм и хэку хъуари Урысейм зыхеубыдэ, абыхэм щымыхъукӀэ Къаукъаз кӀыбагъум хэт къэралу хъуари.

1918 гъэм Демократ Республикэ Хъырцей траӀуэ къэралым, 1921 гъэм РУСФС-м хохьэ.

1922 щыкӀэдзауэ 1936 гъэм нэс Хъырцейр Республикэ Къаукъаз-КӀыбагъу СФС-м хэт, 1936 гъэм щыкӀэдзауэ 1991 нэс Хъырцейр РССЗ-м хэт.

1991 гъэм Хъырцейр къэрал хуит мэхъур. 1991—1993 гъэхэм Хъырцейм и ӀэнатӀашъхьэм Апхъазымрэ Ипшъэ Осетиэмрэ кӀокӀхэр, де-факту къэрал хуит хъуху, ауэ дунем къамлъытаху.

2008 гъэм, ШышъхьэӀу зауэм яуж, Урысеймрэ, яужкӀэ пэмыкӀ къэралхэми Апхъазымрэ Ипшъэ Осетиэмрэ я хуитыныгъэр къалъыта.

Джылэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Хъырцейм и джылэр

Хъырцейм и джылэр 2002 гъэмкӀэ зэрыхъутэр 4 369 579 цӀыху. Лъэпкъ дэсхэр: хъырцэхэр (83,7 %), азэрбиджанхэр (6,5 %), ермэлы (5,7 %), урысхэр (1,5 %), осетинхэр (0,9 %), пэмыкӀхэр (1,7 %).

АдминистрациэмкӀэ гуэчыгъуэр

Хъырцей — къэрал унитару щыт. АдминистрациэмкӀэ хэку 10, автоном республикэ 2 — Апхъазрэ Аджариэмрэ.

Азгъей Автоном Республикэ Ипшъэ Осетиэмрэ Хъырцейм и ӀэнатӀэм кӀэтхэкъым, къэлъытэгъу Хъырцейм зэришъымкӀэ (АШЗ-м и президентым и администрациэм, Еуропэм и комиссиэми) Урысейм окупациэ ишъауэ.

Хэкухэр Къалэ нэхъышъхьэхэр  
1 Азгъей Аутоном Республикэ¹ Согъум
2 Самегрело — Земо-Сванети Зугдиди
3 Гуриэ Озургети
4 Аутоном Республикэ Аджариэ Батуми
5 Рача-Лечхуми — Квемо-Сванети² Амбролаури
6 Имеретиэ² Кутаиси
7 Самцхе-Джавахетиэ Ахалцихе
8 Шида-Картли² Гори
9 Мцхета-Мтианети² Мцхета
10 Квемо-Картли Рустави
11 Кахетиэ Телави
12 Тбилиси Тбилиси
Гулъытыгъуэ: 1 — и ӀэнатӀэм кӀэткъым зэр хэку, 2 — лъэныкъуэ гуэрэхэр и ӀэнатӀэм еубыдыр.


ТехьэпӀэхэр