Хъутей Жылэ Республикэ
Хъутей Жылэ Республикэ (Хъутей дэмыгъэ тхыбзэжъкӀэ: 中華人民共和國, Хъутей дэмыгъэ тхыбзэкӀэмкӀэ: 中华人民共和国 ) — къэрал КъуэкӀыпӀэ Азиэм хэт, джылу дэсысмкӀэ дунейм япэрей 1,3 млрд. фӀокӀыр, дэсым и нэхъыбэхэр этникэ хъутхэм щыщ, зэрзэджэхэр - хань. ШӀыпӀэ иубыдымкӀэ дунем ещанэ Урысеймрэ Канадамрэ яуж ит.
Хъутей Жылэ Республикэ хъут.-бз. 中华人民共和国 | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «义勇军进行曲» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 1949 жэпуэгъуэм и 1 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | хъутыбзэ[1] | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Пекин | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Шанхай, Пекин, Гуангджоу, Харбин | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Республикэ | ||||
ХЖР и тхьэмадэ Премьер |
Ху Дзиньтао Вень Дзябао | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
3-нэ дунем 9 596 960 км² 3,8 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
1 338 613 000 цӀыху 139,6 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$4,900 трлн. (2-нэ) $3 546 | ||||
Этнохоронимыр | Хъутей, хъутейхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | юань | ||||
Интернет-доменхэр | .cn | ||||
Телефон кодыр | +86 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +8 | ||||
|
Хъутей Жылэ Республикэ зэртраӀуэрэ 1949 гъэм къэралым ӀэнатӀэр зыӀыгъыр Хъутейм и Коммунист партиэ абым пэмыкӀыу иджыри 8 политик партиу щыӀэ, ККП-м гуэтху.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынХъутейм и тхыдэр бэгъуа тхылъхэмкӀэ, ахэр архиологиэмкӀэ къыкӀаххэм епхауэ зэрагъэлъыту и тхыдэр зэфӀагъэувэ пэсырей лъэхъэнэхэм щыкӀэдзауэ.
Хъутей цивилизациэр дунейм и нэхъ жъыдыдэхэм ящыщ. Езы Хъутей тхыдэ-шъэныгъэхэм къызэрыӀуатэмкӀэ и ныбджыр илъэс минитхум носыр, ауэ пэсырей тхыгъэ щыӀахэм къагъэлъагъуэмкӀэ 3, 500 илъэс паубыду зтепсэлъыхьхэр. Пэсырейм къыщыкӀэдзауэ администрациэхэмкӀэ гуэчауэ къэралым и ӀэнатӀэр зэрыщытар, пэщтыхь лъэпкъхэм зэрахъуэкӀми а ӀэнатӀэ системэр къанурэ, нэхъ бэлыхь хъууэ, нэхъ зэфӀэуву къэралым куэду къышъхьэпа къэру къыштэным, нэхъ лъэш хъуным шъхьэкӀэ адрей къэрал гъунэгъухэм елъытамэ.
ПолитикэмкӀэ уэплъмэ илъэс мин бжъыгъэкӀэ Хъутейр къэрал зэгуэт-зэхэгъэкӀауэ и тхыдэр макӀуэ. Хъутейм и шӀапӀэм зэкӀэлъыпыту хамэ быйхэр къытеуэт, ауэ хэт къытемыуами, къэралыр имыубыдами кӀэх езы бийхэри Хъутей хъужьхэт. Иджырей Хъутей лъэпкъыр лъэхъэнэ бжъыгъэкӀэ зэхэхьэ азиэ лъэпкъхэмрэ Хъутей лъэпкъхэмрэ я културэ я политикэ хабзэхэмрэ, милыуан бжыгъэ лъэпкъ куэчынхэри абым хэту.
Хъутейм и тхыдэр зэхэгъэкӀауэ
зэгъэзэхуэжынгъэхэр | къэрал (лъэпкъыр) |
---|---|
2357 ди лъ. ипэ. — 2255 ди лъ. ипэ | Пщышхуэ Яо |
2255 ди лъ. ипэ. — 2205 ди лъ. ипэ | Пщышхуэ Шунь |
2205 ди лъ. ипэ. — 1766 ди лъ. ипэ | Лъэпкъышхуэ Ся |
1766 ди лъ. ипэ. — 1122 ди лъ. ипэ. | Зэман хэӀуа Шан-Инь лъэпкъ |
1122 ди лъ. ипэ. — 247 ди лъ. ипэ | Зэман хэӀуа Джоу лъэпкъ |
246 ди лъ. ипэ.— 207 ди лъ. ипэ. | Зэман хэӀуа Цинь лъэпкъ |
206 ди лъ. ипэ. — 220 ди лъ. | (абы хиубыдыуи КъуэхьэпӀэ Ханьри — 206 ди лъ. щыкӀэдзауэ 25 ди лъ. нэс,
КъуэкӀэпӀэ Ханьр — 25 — 220 ди лъ.) |
220 — 264 | Вей лъэпкъ, Къэралищ Лъэхъэнэ |
265 — 420 | Дзинь лъэпкъ (КъуэхьэпӀэ Цзинь: 265—316, КъуэкӀыпӀэ Дзинь: 317—420) |
420 — 479 | Ипшъэ Сун лъэпкъ |
479 — 501 | Ци лъэпкъ |
502 — 556 | Лан лъэпкъ |
557 — 588 | Чень лъэпкъ |
581 — 618 | Суй лъэпкъ |
618 — 917 | Тан лъэпкъ |
907 — 959 | Лъэпкъытхум я лъэхъэнэ |
960 — 1279 | Сун лъэпкъ |
1280 — 1368 | Юань лъэпкъ (монголхэм къахэкӀа) |
1368 — 1644 | Мин лъэпкъ |
1644 — 1911 | Цин лъэпкъ (манчижурхэм къахэкӀа) |
1912 — 1949 | Хъутей республикэ (Тайваным — иджыри къыздынэс) |
1949 жэпуэгъуэм и 1 | Джылэ Республикэ Хъутей |
Политикэр
зэгъэзэхуэжынДыгъэгъазэм ДжРК зэрыхъурэ конституциэ плъы кыдагъэкӀауэ хэхат къэралым (1954, 1975, 1978, 1982 гъэхэм). Джылэ Республикэ Хъутейм и КонституциэмкӀэ (дыгъэгъазэ 1982), ДжРК - демократ диктатура лъэпкъ зиӀэ социал къэрал. Къэралым и нэхъышъхьэ ӀэнатӀэр - зы зэхуэсу Хъутейпсом и лъэпкъ тхьэмадэхэм я хасэ (КЛъТХ), 2 979 депутат хэту, ахэр куейхэм я зэхуэсхэм илъэситхукӀэ хахху.
Депутатхэр куэд зэрыхъум шъхьэкӀэ сессиэхэм я зэхуакум КЛъТХ-ым и лъэжьыгъу хъуар зышъхэр ЗэзмыхъуэкӀ Комитет депутатхэм хэхам ящыщху, нэрыбгэ 150 хъууэ.
Хэхынхэм хэхьэхэр Хъутейм и Коммунист партиэм щыщ депутат къуэдейрэ партий демократхэм хуэду зэджэхэмрэ, ахэр Хъутейм и Джылэ чэнджэш политикэ хасэм хохьэхэ (КДжЧПХ). Шхьэхуит ӀэнатӀэ администрациэ зиӀэхэр Гонконгрэ Макаорэ.
Депутат КЛъТХ-м хэту хъуар, псори иэ коммунист иэ демократ партиэм щыщхэ.
ДжРК и тхьэмадэр - Ху Дзиньтао, генерал секретарь Нэхъышъхьэ комитет Хъутейм и Коммунист партиэм (НКККП).
ДжРК-м и Дзэм и Нэхъышъхьэ Хасэр 1982 гъэм зэӀуаха. И япэрей тхьэмаду тетар Ден Сяопин, 1990 гъэм абы ипӀэм Дзян Дземинь иува.
АдминистрациэкӀэ зэрыгуэчыр
зэгъэзэхуэжынДжылэ республикэ Хъутейр куей 22 иӀыгъ и ӀэнатӀэмкӀэ, абы пэмыкӀыу Хъутейм и провителствэм Тайвань хы тӀыгур и 23 куейу къэлъытэр. Абы нэхъыбу ДжРК-м автоном куейу 5 хохьэ, Хъутейм и лъэпкъ нэхъ цӀыкӀухэр здыщыпсом, муниципал куейуэ 4, къалъэ нэхъышъхьэхэм я ӀэнатӀэм кӀэту, специал администрациэ куейуэ тӀу.