Азиэ — дунейм инэхъ ин лъэныкъуэ, Еуропэм дэкӀыгъуэ Еуразиэ материку зэхохьахэ. Иинагъыр - милыуан км² 43, 4 хуэдиз. Джылу исыр - милыуан 3, 981 (2007 гъэмкӀэ).

ШӀыпӀэмрэ гъунапкъэхэмрэ Edit

 

НэхъыбэкӀэ къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм хэт (Чукот хы тӀыгу ныкъуэм щымыхъукӀэ), Экуаторым ишъхъэрэмкӀэ пэщылъу. ЕуропэмкӀэ игъунапкъэр Урал къушъхьахэмкӀэ къыщыкӀадзэри Мугоджарым, Эмба псыхъуэмкӀэ, Хы КаспиимкӀэ, Аракс псыхъуэмкӀэ, Хы ФӀыцӀэмрэ МраморномкӀэ яужкӀэ Ӏузэв Босфорымрэ Дарданеллэхэмрэ ирагъакӀуэ. Африкэм Азиэр Суэц ӀашъхьамкӀэ пышъауэ щыт, Ищъхъэрэ Америкэм хэзгъэкӀыр Беринг Ӏузэвым.

Гъунапкъищ щыӀам пэмыкӀху алтернэтиву щытхэ, хэкумэтх гъунапкъэм темыху:

  • Гъунапкъэ А къыхэгъэкӀар - Урал къушъхьахэмкӀэ Урал псыхъуэмрэкӀэ ирокӀуэ
  • Гъунапкъэ В къыхэгъэкӀар - Гум-Маныч губгъуэмкӀэ ирокӀуэ, Хы МыутӀэмкӀэ хыхьу яужкӀэ.
  • Гъунапкъэ С къыхэгъэкӀар - Къаукъаз ӀуашъхьахэмкӀэ ирокӀуэ.

Хэкумэтх Edit

ИӀуфэхэр Ишъхъэрэ Океаным, Индиэ Океаным, Шъэху Океаным Ӏулъхэ, абыхэм пэмыкӀыу шӀыпӀэ курыт хыхэр Атлантик Океаным еуэ (Хы МыутӀэ, Хы ФӀыцӀэ, Хы Мрамор, Хы Эгей, Хы Курыт). Псыхъуреуэ хэтхэр Хы Каспий, Хы Арал, Балхаш пэмыкӀхэр джоуэ. Псыхъурей Байкалым дуней псом ипсыхъуреуэ хъуам псынэпс ярытым нэхъри нэхъыбэ иӀыгъ; Байкалым 20% дуней псом ипсынэпсыр ит. Хы ЛӀар дуней псом ишӀыпӀэ нэхъ кууэ щыт (м. - 405 дуней хым нэхъри нэхъ лъахъчу щыт.) Азиэм иӀуфэр нэхъыбэм занкӀыу ирокӀуэ, хы тӀыгуныкъуэ нэхъ ину къыхэкӀхэр - Азиэ ЦӀыкӀу, Аравий, Индостан, КӀэрей, Камчаткэр, Чукоткэр, Таймыр... Азыэ Ӏуфэм нэхъ гъунэгъу бгъэдэль хы тӀгу нэхъ инхэр (Зондышхуэхэр, Новосибирхэр, Сахалин, Ишъхъэрэ ШӀыгу, Тайуан, Филиппинхэр, Хайнан, Шри-Лáнка, Японхэр). Зэхэту зэрыхъур шӀыуэ милыуан 2 км².

ХэкумэтхымкӀэ зэргуэчыр Edit

КъуэхьапӀэ Азиэ (Япэрыт Азиэ) Edit

 

Хиубыдэхэр: Ипшъэ Къаукъаз, Иран, Ермэлы, АзиэцӀыкӀу къушъхьахэр, Аравий ха тӀыгуныкъуэмрэ Левантымрэ, политикамкӀэ лъэныкъуищ хеубыдэ — КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъур (Африкэм ер хэмыту), КъуэкӀыпӀэ Курытыр, Къаукъаз КӀыбыр (Ипшъэ Къаукъаз)

Къэрал хэтхэр:

Ипшъэ Азиэ Edit

 

Хиубыдэхэр: Индостан хы тӀыгуныкъуэмрэ Гималай къушъхьахэмрэ, Шри-Лáнка хы тӀыгумрэ пэмыкӀ нэхъ цӀыкӀу хэмрэ джоуэ

Къэрал хэтхэр:

Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэ Edit

 

Индокитай хы тӀыгу ныкъуэр хеубыдэ, Малай хы тӀыгухэр дэкӀыгъу

Къэрал хэтхэр:

КъуэкӀыпӀэ Азиэ Edit

 

Хиубыдэхэр: Урысейм — КъуэкӀыпӀэ Джыжьэр, Хъутейр, Тайуан хы тӀыгур, Япон хы тӀыгухэр, КӀэрей хы тӀыгу ныкъуэр, Монголыр джоуэ. Ӏуфу хъуар Шъэху океанум Ӏулхэ, ишӀыпэхэр къшъхьа-губгъурэ зэхэт, субтропикрэ, тропикхэмрэ хиубыду.

Къэрал хэтхэр:

Курыт Азиэ Edit

ИшӀыпӀэм инэхъыбэр губгъуэгъуа иэ пшахъуалъу щыт. Къушъхьа Памирыр, Тан-Шаныр джоуэ хеубыдэ, Туран губгъуэри хэту.

Къэрал хэтхэр:

Ишъхъэрэ Азиэ Edit

Урысейм Сыбыр лъэныкъуэр псоуэ еубыдыр

Лъэпкъхэр Edit

Тхыдэр Edit

Last edited 6 years ago by YiFeiBot