Шам
Хьэры́п Респу́бликэ Шам (хьэр-бз. الجمهورية العربية السورية) — КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум хэт къэрал. И къалэ нэхъышъхьэр Дамаск - дунейспом джылэ здыдэс къалэ нэхъышъхьэхэм я нэхъыжъ.
Хьэрып Республикэ Шам хьэр-бз. الجمهورية العربية السورية | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Хьумэт ад Диар» | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 1946 мэлыжъыхьым и 17-м (зхэкӀар Фрэндж) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | хьэрыпыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Дамаск | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Дамаск, Хьэлеб | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент республикэ | ||||
Президент Премиер министр |
Башар Ал Асад Мухьэмэд Нэджи ал Отари | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
86-нэ дунем 185/180 [1] км² 0,06 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2007) • Ӏувагъыр |
19 405 млн[2] цӀыху (55-нэ) 103 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$87, 923 млрд[3] (63-нэ) $4570 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Шам фунт (SYP, 138) | ||||
Интернет-доменхэр | .sy | ||||
Телефон кодыр | +963 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +2 | ||||
Хьэрып Республикэ Шам Уикисурэтылъэм | |||||
|
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынШамыр КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум хэт къэрал, и инагъыр зэрыхъур мин 185,2 км², и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэр Хы Курытым и Ӏуфэм Ӏохьэ, и гъунапкъэхэр дырикӀуэхэр: ипшъэ-къуэхьэпӀэмкӀэ - Ливанымрэ Исраэлымрэ, ипшъэмкӀэ - Йорданым, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Иракум, ишъхъэрэмкӀэ - Тыркум.
И шӀыпӀэр лъэныкъуитӀу егуэчыр Ан Нусариа тхым и Ӏуашъхьэхэм, и къуэхьэпӀэ лъэныкуъэр псыкӀэ бэуэ къигъану, къуэкӀыпӀэр гъушъэгъу ишъу. Къуэладжэшхуэ шӀыгуфӀ илъу и ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэлъ, км 130-кӀэ ирикӀу тыркуэй гъунапкъэм щыкӀэдзауэ Хы Курыт ӀуфэмкӀэ ирокӀуэ ливиэ гъунапкъэм нэс. А хэкум дежь къэралым и аграриу хъуар хэту джыпӀэ хъуну.
Къэралым и псы нэхъ иныр Еуфрат, абым 80% къэралым псыуэ иӀэр хэлъ, И сэмырабгъумкӀэ хэлъадэ псы нэхъ инхэр Балихрэ Хабуррэ, Тыркуэйм къыхожхэр. ИжьэмкӀэ хэлъадэ псыхэр гъатхэ къуэдеймра я псыхъуэхэм псы щежэхыр. 1973 гъэм Шамым псыубыд Табакам Дам яшъын яуха, абым псыхъурей Эл Асадыр еӀыгъ, абым и кӀыхьэгъыр км 80 хуэдиз мэхъур и бгъуагъыр км 8 хуэдизым нос.
Хьэйуар нэхъыбэм гъушъэгъу щыт. Курытыгъу илъээсым уэуэ къехыр мм 100-м фӀэкӀкъым. Темперэтурэ курытыр шӀычылэм - +7,2 °C, мэкуауэгъуэм - +26,6 °C.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынШамым и тхыдэм бжыгъэрэ яубыдауэ щыта - мысырхэм, канаанхэм, арамейхэм, Ӏэссирийхэм, вавилонхэм, къажэрхэм, алыджхэм, урымхэм, набэтейхэм, византийхэм, хьэрыпхэм, джорыдзэхэм, яужым Уэсмэн империэм и ӀэнатӀэм кӀэта.
Мыслъымэныгъэр Шамым 661 гъэм ихьа, Дамаск Халифатым и къалэ нэхъышъхьэ щыхъуам, Ӏумаядхэм я ӀэнатӀэгъуэм щыгъуэ. А зэманыгъуэм Халифатыр къэрал лъэшышху щытт, Пиреней хы тӀыгуныкъуэм щыкӀидзэти Азиэ Курытым нэст. Дамаскыр хьэрып къэралыгъуэм экономикэмкӀи, шъэныгъэхэмкӀи шъхьэщыт хъуа VIII лъэхъэнэм, дунем и къалэ нэхъ инхэм ящыщу. 750 гъэм Ӏумаядхэр Аббасхэм трамыхуа кӀышъэ, яужым къалэ нэхъышъхьэри Багдад яхьа. XIII лъэхъэнэм и кум Дамаскыр МамлыкӀу империэм и куейм и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур. 1400 гъэм Шамым монголыдзэр тоуэ. Темырлэным къалэр зехекъутэ, ехъункӀри мылъку хъуар Самаркандым дечыр. 1517 гъэм Шамыр Уэсмэн империэм и ӀэнатӀэм кӀохуэм илъэсишъэ зытӀущкӀэ.
Япэрей дунейпсо зауэр иуха яуж Уэсмэн империэр кӀэху зэгуэхун кӀедзэ. 1920 гъэм хьэрып пэштыхьей Шам мэхъур и пэхтыхьу техьэр Фейсал I-й Хашимий лъэпкъым щыщ, яужым Иракум и пэштыхь хъуа. Шамым хуитыныгъэ куэдрэ иӀэкъым. Мазэ зытӀущ текӀауэ фрэнджыдзэм Шамыр оккупациэ ешъыр. 1922 гъэм Лъэпкъхэм я лигэм унафэ къыдегъэкӀ Тыркуэйм Шам лъэныкъуэгъу иӀыгъар Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ яхуигуэчу. Британиэшхуэм Йорданымрэ Палестинэмрэ лъыса, Фрэнджым - иджырей Шамымрэ Ливанымрэ. 1936 гъэм Фрэнджымрэ Шамымрэ тхылъ кӀатхэ Шамым и хуитыныгъэр къыхэкӀыу абым, ауэ 1939 гъэм Фрэнджыр кӀогъуэжьри игъэзанкӀэкъым тхылъым кӀитхар. ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм и зэманыгъуэм Фрэнджым и къэрур мэкӀуэдыр, Шамым зыкъэӀэтыгъуэ йокӀуэкӀ хуитыныгъэм шъхьэкӀэ.
1941 гъэм фокӀадэм и 27-м Фрэнджым хуитыныгъэ ирет Шамым.
Шам хуитым и президенту техьар Шукри Ӏэл Куватли. 1947 гъэм парламентым лэжьэн щӀидза. Президентым и ӀэнатӀэгъу къэрууэ хъуар Шамым и Лъэпкъэгъу-социал партиэ.
1948 гъэм шамыдзэм лъэныкъуэгъ иӀыгъу хьэрып-исраэл зауэм хэта, хьэрып къэрал зэгуэтхэм ирагъэжьам.
1958 гъэм мэзаем и 22-м Шамымрэ Мысырымрэ зы къэралу зэхохьэхэ Хьэрып республикэ зэгуэт и къалэ нэхъышъхьу хъуар Каир. Къэралым и президент хъуар Гамал Абдэл Насэр, шамхэми ӀэнатӀэпӀашъхьэ куэд ялъыса, ауэ куэд темыкӀыу Насэрым шам политикэ партиэхэр зэхегъэкӀ, аграриэр, къыдэгъэкӀыгъуэхэр, банк лэжьыгъуэхэр къэралыгъуэ лъэпкъэгъу ешъхэр. 1961 фокӀадэм и 28 Дамаскым дзэзэшэ гупым я унафэкӀэ къэрал зэхъуэкӀыгъуэ йокӀуэкӀ, Шамыр аргуэру хуит мэхъур.
Джылэр
зэгъэзэхуэжынШам джылу дэсым и бжыгъэр 2007 гъэмкӀэ зэрыхъуар 19 405 млн цӀыху. Хэрыпхэр 80% мэхъу дэсу хъуам. ПэмыкӀ лъэпкъ нэхъ ину бжыгъэкӀэ кӀуэр курдхэр - 10% мэхъухэр, ябыхэм я нэхъыбэр къэралым и ишъхъэрэ лъэныкъуэм дэсхэ, куэдым я бзэр зэрахьэхэ, Ӏэссирийхэр 3% мэхъухэ. Адыгу мин 400 хуэдиз дэс, ермэлыуэ мин 200 хуэдиз, ингучу минитху хуэдиз. А лъэпкъхэм щымыхъукӀэ Тырку гъунапкъэм и лъэныкъуэм дежь къалэ Хьэлебымрэ Латакиэмрэ мин 900 хуэдиз тырку дэсхэ.
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынЭкономикэмкӀэ къэралым и Ӏохур къэлъытэгъуэкӀэ фӀыуэ зэфӀэту щыт. ВКӀуП-ыр зэрыхъуар млрд 71, 7 АШЗ-м и доллару, ВКуП хэхъуэкӀэр 2005 гъэм зэрыхъуар 2,3%.
Къэралым фӀыуэ зэфӀэгъувауэ щытхэр: фатэгыным и экспорт, фатэгын къыкӀэхыныр хохъуэ кӀэлъыгъуэ кӀэуэ зэрагъуэтам шъхьэкӀэ, къыдэгъэкӀыгъэуэр хохъуэ зэпимыуду, аграриэр лъэшу, сэбэпыгъуэкӀэ зэфӀэгъува.
Къэралым и лъэпауэгъуэхэр: дзэ Ӏыгъыным уасэшхуэ техуэхэм экономикэм йохьэлъэкӀ куэду, коррупциэр, хамэ къэралхэм я инвестициэ зэримыӀэр, джылэм и хэхъуэкӀэр ину зэрекӀуэкӀыр, псымкӀэ хуэныкъуэгъуэ зэкӀэлъыпыт, лэжьапӀэншу (20%), реформэхэр хому зэрекӀэкӀыр.
Администрацэ гуэчыгъуэр
зэгъэзэхуэжынШамыр куей 14-кӀэ мэгъуэчыр, абыхэм я тхьэмадэхэр къэралкӀуэцӀ Ӏохугъуэ министериэм хехыр, куей къэс езым и парламент иӀэ. Кунейтрэ куейр Исраэлым оккупациэ ишъауэ иӀыгъ, куейм и лъэныкъуэ гуэрэхэр ЛъЗ-ым и ӀэнатӀэм кӀэт.
Дзэр
зэгъэзэхуэжынКъэралым и нэхъышъхьэ дзэзэшэр прдезидентыра. Къулыкъур дзэм еджэгъуэкӀэ яхьыр. Шъауэхэр илъэситкӀэ яхьыр къулыкъур я ныбджыр илъэс 18 щырикъум, ауэ, шъауэ дачым зыкъуэш иӀу щытмэ, имыӀэмэ унагъуэр зэӀыгъу рауэ къалъытэри къулыкъу хьыныр техуэкъым.
Дзэм и бжыгъэр зэрыхъур мин 320 цӀыху (16-рей дунем).
Совет Зэгуэтхэр щызэхэкӀахэм, Шамым япэреуэ дэӀэпыкъутэр ӀэшэкӀэ къэралым и дзэм и Ӏохур Ӏэуэ зэӀыхьат, иджыпсту Урысейр аргуэру япэреуэ щыт Шамым Ӏэшэ къыздищэхур.
Дзэр зэрзэхэкӀыр: ЗекӀуэдзэ, Уэгузауэдзэ, Хыдзэ, Уэгу теуэгъуэм пэщытыдзэ.
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Шамым и Министериэ Къэралхэм я ЗэпылъыгъуэмкӀэ (индж.)
- Шам World Factbook сайтым (индж.)
- Open Directory Project (индж.)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |