Сауд Хьэрыпей
Пэштыхьей Сауд Хьэрыпей (хьэр-бз. المملكة العربية السعودية - эл-Мамлака эл-Арабийе эс-Суудийе) — Азиэм хэт къэрал, КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум. Къалэнэхъышъхьэр — Эр Рияд.
Сауд Хьэрыпей хьэр-бз. المملكة العربية السعودية | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «أشهد أن لا إله إلاَّ الله و أشهد أن محمد رسول الله» | |||||
Къэрал уэрэд: «عاش الملك» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 23 сентября 1932 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | хьэрыпыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Эр Рияд | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Эр Рияд | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Пэштыхьей ӀэнатӀэпӀашъхьэ | ||||
Пэштыхь | Абдаллэ ибн Абдэл Азиз | ||||
Диныр | Ислъам | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
13-нэ дунем 2 218 000 км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр |
28 686 633 цӀыху (43-нэ) 12 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$467.7 млрд. (27-нэ) $20,700 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Сауд реал | ||||
Интернет-доменхэр | .sa | ||||
Телефон кодыр | +966 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +3 |
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынСауд Хьэрыпейр ипшъэ-къуэкӀыпӀэ Азиэм хэт, КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум, Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм.
И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэ лъэныкъуэм — Мысырым, Йорданым, Иракум, Кувейтым джоуэ, къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм — Катарым, ХьӀЗ-м, Оманым джоуэ, ипшъэ лъэныкъуэм — Йеменым. Ипшъэ лъэныкъуэм гъунапкъэр пшахъуалъэм зэрикӀым шъхьэкӀэ Сауд Хьэрыпеймрэ Йеменымрэ я гъунапкъэм хэкӀуэдэгъуэ иӀыу ирокӀуэ.
Сауд Хьэрыпейм и шӀыпӀэр хы Плъыжым и Ӏуфэм Ӏохьэ (къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм), Къажэр хыжэм и Ӏуфэм къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ.
Къэрал шӀыпӀэм и нэхъыбэр пшахъуалъэхэм яубыд. КъуэхьэпӀэ лъэныкъуэм Ӏуашъхьэ Хиджазхэр хэлъ.
Климэтыр ишъхъэрэ лъэныкъуэм субтропику щыт, ипшъэм тропику. Гъэмахуэр хуабэ Ӏэуэ щыт, шӀымахуэр хуабэ. ЩӀышылэм и курыт температурэр +8 щыкӀэдзауэ +21°С нос, бадзэуэгъуэм +26 щыкӀэдзауэ +42°С нос. Къехыгъэхэм мащӀэ Ӏэуэ щыӀэ (70-100 мм гъэм), псы ежэху иӀэкъым.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынПэсырем Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм джуртрэ хьэрып лъэпкъхэмрэ исхэт. Абдежыры дунем и зы дин нэхъ иныр къызхэкӀар мыслъымэныгъэр.
632 гъэм Хьэрып халифэтыр халъхьэ, и къалэ нэхъышъхьу хъур Мекка. И шӀыпӀэхэр бжыгъу хохъуэ Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм щымыхъукӀэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъур зэрщыту хохьэ, Еуропэмрэ Африкэмрэ я лъэныкъуэ гуэрэхэри.
Хьэрып халифэтыр зэхэхуа щыхъум Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм уэсмэн ӀэнатӀэр къохьэри XVI лъэхъэнэм идежь зэр шӀыпӀу еубыд.
XVIII лъэхъэнэм и курытым , зыкъэӀэтыгъуэ быгъэ екуэкӀа яуж, япэрей Сауд къэрал къыхокӀ, илъэс 73 щыӀэуэ, яужым уэсмэныдзэм пэщымтыфу хокӀуадэ. И пэштыхь хъур Мухьэмэд ибн Сауд.
1824 гъэм етӀуанэ Сауд къэрал мэхъур, лъэпкъ Рашидихэм я дзэм пэмыщытыфу хокӀуадэ. Саудхэ я лъэпкъыр Кувейтым йокӀхэ.
1902 гъэм Абдэл Азиз ибн Саудым Эр Риядыр еубыд, 1912-м — Нэдждыр, Хьэрыпым икум хэт хэкужъ. 1926 гъэм Абдэл Азиз ибн Саудыр Хиджазым, хьэрып къэралым и пэштыхь мэхъур, Япэрей дунейпсо зауэр щекӀуэкӀым хуитыныгъэ къишта. 1932 фокӀадэм и 23 Хиджазымрэ Нэдждымрэ зэгохьэхэ Сауд Хьэрыпей зыуэ.
1930 гъэхэм и кӀэм Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм фатэгын бэуэ хэлъу къагъуэтыр. Я елэжьыныр щыкӀадзар ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр щиухам яуж, 1946 гъэм.
Фатэгын лэжьыгъэм къэралым къыхихамкӀэ социал реформэ бжыгъэхэр ирагъэкӀуэкӀа, инвраструктурэ кӀэуэ яшъа.
Къэрал зэхэтыкӀэр
зэгъэзэхуэжынСауд Хьэрыпейр пэштыхьей къэралу щыт. Къэралым и тхьэмаду тетыр пэштыхь Саудит лъэпкъым щыщу. Къэралым и конституциу щытыр Къурӏан, хабзэдэгъэкӀымрэ мэхьчэмэмрэ зытетхэр — Шэриатыра, абыми пэштыхьэм и ӀэнатӀэмрэ и пӀалъэхэмрэ еубыд.
ХабзэгъэзанкӀэ лъэжьыгъэм пылъыр Министырхэм я хасэра, хабзэдэгъэкӀым - Мэджлыс аш Шура. Къэралым сыт хуэдэ партии къадэкъым.
Къэралыгъуэ дину щытыр мыслъымэныгъэ.
Джылэр
зэгъэзэхуэжын2009 гъэмкӀэ къэралым джылу дэсу къыкӀэкӀар 28 686 633, абыхэм 5,5 млн. - пэмыкӀ къэралхэм щыщ джылу. 88% джылэм щыщу къалэхэм дэсхэ, куэч псэукӀэ езгъэкӀуэкӀхэр 5% мэхъур.
Лъэпкъ зэхэтыкӀэр къэралым — 90% — хьэрыпхэ, адрейхэр — пэмыкӀ хьэрып къэралхэм къикӀахэр, Индиэм, Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм.
Диным пылъым я нэхъыбэӀуэр мыслъымэнхэ.
Экономика
зэгъэзэхуэжынКъэралым и экономикэр зтетыр фатэгын къыкӀэхынымрэ и елэжьынымрэ, абым пэмыкӀыу хамэ къэралхэм Меккэмрэ Мединэмрэ хьэджышъ къакӀуэхэм ятымрэ.
Фатэгын къыкӀэхыгъэм къэралым и буджетым 75% хелъхьэ, ВКӀуП-ым 45%. Фэтэгыну и шӀыпӀэм кӀэлъым шъхьэкӀэ Сауд Хьэрыпейр нэхъышъхьу хэт Фэтэгын экспортым пылъ къэралхэм я зэгуэтыгъуэм.
ЭкономикэмкӀэ къыпылъ къэралхэр — АШЗ, Джэрмэн, Китай, Япон пэмыкӀхэр.
АдминистрациэмкӀэ и гуэшыгъуэр
зэгъэзэхуэжынСауд Хьэрыпейр унитар къэралу щыт, администрациэкӀэ 13 куейуэ мэгуэч.
№ | Куейр | Къалэ нэхъышъхьэр | |
---|---|---|---|
1 | Эл Баха | Эл Баха | |
2 | Эл Худуд эш Шамалийя | Арар | |
3 | Эл Джауф | Эл Джауф | |
4 | Эл Мадина | Медина | |
5 | Эл Касим | Бурайда | |
6 | Эр Рияд | Эр Рияд | |
7 | Эш Шаркийя | Даммам | |
8 | Асир | Абха | |
9 | Хаил | Хаиль | |
10 | Джизан | Джизан | |
11 | Мекка | Мекка | |
12 | Наджран | Наджран | |
13 | Табук | Табук |
Дзэр
зэгъэзэхуэжынДзэм цӀыху хэтыр мин 225 фӀокӀыр. 2006 гъэм дзэм и мылъкур 31, 255 миллиард $ хъут — ВКӀуП-ым и 10%.
Дзэр зэргуэшыр — щӀызекӀуэдзэ, Пэштыхьым и уэгу-зауэдзэ, хыдзэ, ракетэдзэ, уэгупэщытыгъуэдзэ.
Ӏэшым и нэхъыбэр НАТО-м къыкӀагъэкӀа.
Гъэшъэгъуэну
зэгъэзэхуэжынСауд Хьэрыпейр къэралищым я зы, Лихтенштейнымрэ Хьэшымыт Пэштыхьей Йорданымрэ зи цӀэр къызхэкӀыр пэштыхь тетым и унэцӀэм.
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынСауд Хьэрыпей Уикисурэтылъэм? |
- ӀэнатӀэпӀашъхьэм и хъыбар къэӀохугъуэ ӀухьэпӀэ, инджылыбзэ
- Сауд Хьэрыпейм и тхыдэм, хэкумэтхым теухуа тхыгъэхэр, официал хъыбархэр зыхэт къэралымрэ пэштыхьхэмрэ теухуауэ, урысыбзэ
- Сауд Хьэрыпейм и информациэ
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |