Мэлайзиэ
Мэлайзиэ мэл.-бз. Malaysia | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «Bersekutu Bertambah Mutu» | |||||
Къэрал уэрэд: «Negaraku (сихэку)» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 1957 гъэм ШыщхьэӀум и 31-нэм | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | мэлаибзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Кууалэ-Лумпур | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Кууалэ-Лумпур | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | федерациэ конституциэ пащтыхьей | ||||
Янг ди-Пертуан Агонг Премиер-министр |
Абдулла аль-Хьэж Мохатхир Мохьэмэд | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2024) • Ӏувагъыр |
34,564 млн цӀыху (42-нэ) 85,8 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$384 млрд. (30-нэ) $14 081 | ||||
Этнохоронимыр | Мэлазейхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | Ринггит | ||||
Интернет-доменхэр | .my | ||||
Телефон кодыр | +60 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +8 | ||||
Мэлайзиэ Уикисурэтылъэм |
Мэлайзиэ (мэл.-бз. Malaysia) — Азиэ ипшъэ къуэкӀыпӀэм щыщ къэрал. Ар Хъутей хы ипшъэм тӀууэ еугуэч:
- КъуэхьэпӀэ Мэлайзиэ (зэреджэр — Мэлайэ) Мэлакка хытӀыгуныкъуэм ипшъэр еубыд, ипшъэмкӀэ и гъунапкъэхэр СингэпурымкӀэ, ишъхъэрэмкӀэ СиамымкӀэ йокӀуэкӀ. Мэлаккэ псыдэжым адэкӀэ Индэнезиери.
- КъуэкӀыпӀэ Мэлайзиэ (Сэбахьрэ Сэрэуакъ провинциэхэр) Калимантан хытӀыгушхуэм и ишъхъэрэ къуэхьэпӀэм тетшъ. Хы лъэныкъуэмкӀэ Брунейм и гъунапкъэхэр йокӀуэкӀ, ипшъэмкӀэ Индэнезиер игъунэщ.
Къэрал зэхэтыкӀэр
зэгъэзэхуэжынМэлайзием зыкъегъэлъагъуэ къэралцӀыкӀу 13-рэ федералым еуэ шӀыпӀищрэ зэхэт зи пащтыхь чэзуурэ къызыхах фидирал конституцэ пащтыхьейщ. Абыхэм ящыщ штат 11-рэ фидирал щӀыпӀитӀрэ Мэлаккэ хытӀыгуныкъуэм тещ, я штатитӀрэ зы фидирал шӀыпӀэмрэ Калимантан хытӀыгум. ШтатитӀыр пащтыхьейщ, абыхэм ящыщ блы - сулътӀанейхэщ, зыр - раджастанщ, зыр ауэ сытыми дипертуанщ. Адрей штатиплӀыр губерниэхэщ. Фидирал щӀыпӀэхэр къэрал Хабзащхьэм егъэзахуэ. Илъэситху къэс къэралцӀыкӀухэм зы пащтыхьымрэ абы и къуэдзэмрэ къыхах. Мэлайзием я пащтыхьым зэреджэр янг ди пертуан агонг.
Къэралым хабзэу хъуар губернаторхэмрэ штатхэм я нахъыщхьэхэмрэ аразы ямыщӀауэ къагъэсэбэпыну хуткъым. Ар пащтыхьым и къарум емылъытауэ.
Мэлайзием и Пэрламентыр тӀууэ еугуэш: ищхьэ пэлат (штатхэмрэ фидирал щӀыпӀэхэмрэ я зэхуэс), ищӀагъ пэлат (Синат). Ищхьэ пэлатым и ухуэныгъэр хэхыгъуэм тещӀыхьащ. ИщӀагъ пэлатыр штат къэсыху щыщитӀрэ пащтыхьым езым къыхих щыщхэмкӀэ зэхэтщ.
Пащтыхьым и къулыкъум и мыгьэнэр Япэрыт Министрэм деж щеух. Къэралым и Ӏуэхухэр, политикэр, абым егъэзащӀэ.
Мэлайзием дин щхьэхуит яӀэщ. ЦӀыхум езым сытхуэдэ дин иӀыгъынуми езым къыхихыну хуитыныгъэ кэнституцым къырет. Ауэ жылэдэсхэм я нахъыбэм (60%) Ислъамыр яӀыгъщ.
Мэлайзием и Япэрыт Министрэхэр
зэгъэзэхуэжын- 1963—1970 — Абдул Рахьман
- 1970—1976 — Абдул Разакъ
- 1976—1981 — Хъусен Онн
- 1981—2003 — Мэхатхьир Мыхьамэд
- 2003—2009 — Абдула Ахьмэд Бэдауи
- 2009 — Мохьд Наджиб бин Тун Хьэджи Абдул Разакъ
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |