Адыгэ автоном куей
Адыгэ автоном куей (урбз. Черкесская автономная область) — РССЗ-м 1928-1957 гъэхэм административ шӀыпӀу къыхагъэкӀыт. 1928 гъэм къыщыкӀэдзауэ Ипшъэ-Къаукъаз къэралым хэтт, 1937 гъэм къыщыкӀэдзауэ Орджоникидзе (Ставропол) къэралым хохьэ (къэралитӀри РСФСУ-м хэта).
- Къалэ нэхъышъхьэр — Черкесск.
- И инагъыр — 4 000 км².
- Джылу — мин 92, 9 (1939 гъэмкӀэ) абы: урысу — 58, 3 %; адыгу — 17, 2 %, абазу — 11, 0 %
Адыгэ автоном куей Черкесская автономная область | |
Къэрал | РССЗ |
Зыхэхьэр | УРСФС |
Хиубыдэр | 5 куейуэ |
Къалэнэхъышъхьэ | Черкесск къалэ (Ежово-Черкесск, Сулимов, Баталпашинск) |
Махуэ щыхэлъхьар | 1928—1957 |
Нэхъышъхьэбзэхэр | ур-бз., адыгэбзэ |
Джылэр (1939) | 92,9 мин цӀыху |
Лъэпкъ дэсхэр | урысхэр — 58,3 %; адыгэхэр — 17,2 %; абазэхэр — 11,0 % |
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынМэлыжьыхьым и 30 махуэм 1928 гъэм Адыгэ лъэпкъ куейм автоном куей траӀуэ. Куейм и шӀыпӀэр тӀууэ зэхэкӀт: япэреуэ джылэхэр здыдэс ИнджыджцӀыкӀу, Инджыджышхуэ, Псыжъ джоуэ я псыхъуэхэм, етӀуану къушъхьахъупӀыу Уэрпрэ Чэфырэрэ я псыхъуэхэмрэ Ӏуашъхьэ яшъхьэщытхэмрэ 1957 гъэм шъычылэм и 9 махуэм Адыгэ автоном куеймрэ Къэрэчей автоном куеймрэ Къэрэчей-Черкес автоном куейуэ зэхагъэхьар Ставропол къэралым хэту.
Джылэр
зэгъэзэхуэжынКуейхэр | Джылу дэсыр | Урысхэр | Адыгэхэр | Абазэхэр | Нэгъуэйхэр | Алыджхэр | Ермэлыхэр | Адрейхэр | |
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
1. | Черкесск къ. | 28, 645 | 25, 105 | 519 | 417 | 144 | 129 | 280 | 2, 050 |
2. | Черкесскэ | 12, 864 | 9, 209 | 183 | 2, 151 | 60 | - | 290 | 948 |
3. | Икон-Хъалк | 18, 356 | 2, 333 | 5, 075 | 859 | 4, 804 | - | 13 | 271 |
4. | Кировскэ | 14, 354 | 13, 880 | 39 | 22 | 24 | - | 14 | 375 |
5. | Кхъуэвы | 9, 527 | 2, 543 | 1, 840 | 2, 929 | 1, 104 | 598 | 18 | 495 |
6. | Хьэбэз | 14, 062 | 1, 118 | 8, 792 | 3, 857 | 12 | - | 3 | 270 |
Дэсу хъуар | 92, 898 | 64, 189 | 16, 454 | 10, 245 | 5, 156 | 827 | 618 | 4, 409 |
Къэгъэлъэгъуар 1939 гъэмкӀэ Совет Зэгуэт псом и джылэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀамкӀэ къыхэха
ГъэхэмкӀэ и зэфӀэувэныгъэр зэрекӀуэкӀар, шӀыпӀэр гуэчауэ зэрщытам игъусу
-
1928 гъэм
-
1934 гъэм
-
1943 гъэм
-
1950 гъэм
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- А. Победоносцев «Черкесия». 1940 гъэ, Мэзкуу.