Баскхэм я Къэрал
Баскэм я Къэрал (исп-бз. País Vasco, баск-бз.: Euskadi)
Баскхэм я Къэрал исп-бз. País Vasco баск-бз. Euskadi | |
Нып |
Дэмыгъэ |
Къэрал | Исбухьэн |
Къэрал уэрэд: | Eusko Abendaren Ereserkia |
Статус | автоном зэгуэт |
Хиубыдэр | 3 провинции |
Къалэнэхъышъхьэ | Витория |
ПэмыкӀ къалэшхуэхэр | Бильбао, Витория, Сан-Себастьян |
Президент | Инйиго Уркулю |
Нэхъышъхьэбзэхэр | Баскыбзэ, Исбухьэныбзэ |
Джылэр (2007) |
2 141.86 (7-рей пӀэ) |
Ӏувагъыр | 295 цӀыху/км² |
Инагъыр | 7,234 км² (14-рей пӀэ) |
Кодыр ISO 3166-2 | PV |
Официал сайтыр |
Баскей — пэсырей хэкужъ икӀи автоном зэгуэт Исбухьэнм и ишъхъэрэ лъэныкъуэм хэту.
Къалэ нэхъышъхьэр — Виториэ-Гастейс. Регионыр пэсырей хэкужь шӀыпӀэм щыщ, абы пэмыкӀыу иджыри Фрэнджым и ипшъэ лъэныкъуэр хиубыду.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынI ди лъэхъэнэм и пэм къыщыкӀэдзауэ V ди лъэхъэнэм нэс шӀыпӀэ баскхэр здисар Урым Къэралым хиубыдэт. Вестготхэмрэ хьэрыпхэмрэ Переней хы тӀыгуныкъуэр яубыдауэ щаӀыгъам Баскейм и шӀыпӀэм и нэхъыбэр хуиту абыхэм яхэмыхьу щытт, Реконкистэр къызхэкӀам и шӀыналъу.
11 — 15 лъэхънэхм Баскхэм я Къэралым Наваррамрэ Кастиджэмрэ я ӀэнатӀэр телъ.
XV лъэхъэнэм и кӀэм XVI лъэхъэнэм и пэм Исбухьэн къэрал зэгуэхьам хохьэх, 1876 гъэм нэс автоном пӀалъэ гуэрэхэр иӀу.
1936 гъэм джылэ зауэм яуж автоном куей мэхъу, Баскхэм я Къэрал траӀуауэ. 1939 гъэм, республикэр хэкӀуэда яуж Баскхэм я Къэралым ӀэнатӀу иӀэуэ хъуар траха.
1978 гъм конституциэм теухуауэ Баскхэм я Къэралым япэ щыкӀэ автономиэ кӀэх ират, яужым 1980 гъэм автоном поуэ мхъур.
Баскхэм я Къралыр къуэкӀэ-бгыкӀыу зэрщытым шъхьэкӀэ пэсырейм урымхэр провинциэ Алавэм нэхъ ихьэфахэкъым. Ар Баскхэм я Къэралым куэду къышъхьэпа я бхэмрэ я хабзэмрэ зэрщыту зэрахьэным. Провинциищ иджырей Баскхэм я къэралым хиубыдэр щызгуэхьхэр XIX лъэхъэнэм, джылэ зауэхэр щекӀуэкӀам.
Демографиэр
зэгъэзэхуэжынДжылу дэсыр — 2.141.86 мин цӀыху (7-нэ пӀэр еубыд; 2007 гъэмкӀэ къызэригъэлъагъуэм)
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынБаскхэм я Къэралым Кантабрий Ӏуашъхьэхэм метрэ 1000—1500 хуэдиз я лъэгагъу, я къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр еубыд. Хым идежькӀэ нэхъ гъунэгъу хъухукӀэ нэхъ лъахъчу йоххэр, джабэ зэхэту хы Ӏуфэр яшъу, хыжэ бжыгъэхэр иӀу.
Псыхэр кӀыхьу щытхэкъым ауэ куухэ.
Мэсхэм жыг къэкӀхэр: пхъэмыфей, жыгдэгу, бжей пэмыкӀхэр джоуэ.
Бзэхэр
зэгъэзэхуэжынБаскхэм я Къэралым ИсбухьэныбзэкӀэ зэрыпсалъэм хуэду баскыбзэми иропсалъэхэ джылэ дэсыр. Баскыбзэр къэралым и анэдэлъхубзэ, Исбухьэнм и пэмыкӀ бзэхэм елъытамэ баскыбзэр роман бзэхэм хиубыдэкъым икӀи индоеуропэ бзэхэми хэхьэкъым. 2001 гъэмкӀэ джылэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀам къызэрхэкӀыр 32 % Баскхэм я Къэралым щыщхэр кагуроӀуэ икӀи иропсалъэ бзитӀымкӀэ, 49,6 % ИсбухьэныбзэмкӀэ нэхъ псалъэкъым, 18,2 % баскыбзэр ящӀэ ауэ зэрыпсалъэхэр Исбухьэныбзэ.
АдминистрациэмкӀэ зэрзэхэт
зэгъэзэхуэжынАвтоном зэгуэт Баскхэм я Къэралым хэт провинциэхэр:
- Алава, къалэ нэхъышъхьэр Виториэ-Гастейс
- Бискаей, къалэ нэхъышъхьэр Билбао
- Гипускоа, калэ нэхъышъхьэр Сан-Себастиан
ТхыдэмкӀэ Баскхэм я Къэралым иджыри хэхьэр Наварра (автоном зэгуэт), и къалэ нэхъышъхьэр Памплона
Къалэ нэхъ инхэр:
къалэр | джылу дэсыр |
---|---|
Билбао | 354.145 |
Виториэ-Гастейс | 227.568 |
Сан-Себастиан | 183.308 |
Баракалдо | 95.640 |
Гечо | 82.327 |
Ирун | 60.261 |
Португалете | 49.118 |
Сантурсе | 47.320 |
Басаури | 45,085 |
Рентериэ | 37.853 |